Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 6:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 Зыгуэрым Ӏуэху пхэнжхэр фигъащӀэу, ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и псалъэу дызыщыгугъын хуейхэм темытмэ, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ди гум зэрилъыным теухуауэ ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ Ӏуэхухэми темытмэ,

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 6:3
19 Iomraidhean Croise  

– Кесарырщ, – жаӀащ абыхэм. – Апхуэдэу щыщыткӀэ, кесарым ейр кесарым ефтыж, Тхьэм ейри Тхьэм ефтыж, – яжриӀащ Хьисэ.


унафэу нывжесӀа псори ягъэзэщӀэну яхуэвгъэув. Пэж дыдэщ ар, дунейм и кӀэухым нэсыху сыт щыгъуи сывигъусэнущ сэ. Ӏэмин.


Си къуэшхэ, ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ Ӏуэхухэм къыпэувурэ, фызэгурызымыгъаӀуэу, адрей цӀыхухэр гъуэгу захуэм тезыгъэкӀхэм защыфхъумэну сыныволъэӀу. Абыхэм пэӀэщӀэ зыфщӀ.


Аращи, мы унафэр зымыдэм цӀыхуракъым имыдэр, атӀэ Тхьэуэ езым и Псэ ЛъапӀэр ди гум къизылъхьарщ.


зинэ зыщӀэхэр, цӀыхухъухэм фыз папщӀэу екӀуалӀэхэр, цӀыху зыщэхэр, пцӀы зыупсхэр, щыхьэт нэпцӀхэр икӀи, хэту щытми, ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ Ӏуэхуу узыщыгугъ хъунухэм темытыр. ЩӀыхьышхуэ зиӀэ а хъыбарыфӀыр цӀыхухэм езгъэщӀэну зи щӀыхьыр ин Тхьэм си пщэм къыдилъхьащ.


Сэ Македоние хэкум сыщыкӀуам, уэ сынызэролъэӀуам хуэдэу, цӀыхухэм Ӏуэху пхэнжхэр ирамыгъэщӀэну, шыпсэхэми, гъунэ зимыӀэ унагъуэ лъэпкъ зэтепщӀыкӀхэми япымылъыну цӀыху гуэрхэм унафэ яхуэпщӀын щхьэкӀэ, Ефес къалэм къыдэнэ. Апхуэдэ Ӏуэхухэм узыхуашэр зэныкъуэкъуныгъэщ. Тхьэм и мурадым техуэркъым а Ӏуэхухэр. Тхьэм и мурадыр зэщӀа зэрыхъунур фӀэщхъуныгъэм и гъугукӀэщ.


ЦӀыху гуэрхэр абыхэм текӀри, пщӀэ зимыӀэ зэныкъуэкъуныгъэхэм хыхьащ.


Мэссихь Хьисэ уи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэмрэ фӀылъагъуныгъэмрэ уиӀэу, сэ къыжысӀэу зэхэпха, узыщыгугъ хъуну псалъэхэр иригъуазэ абыхэм уатемыкӀ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ, дызыщыгугъ хъуну Ӏуэхугъуэхэр цӀыхухэм щамыдэну зэманыр къэкӀуэнущ. ЦӀыхухэм я тхьэкӀумэхэм псалъэ дыгъэлхэр ирагъаӀуэурэ, я гур зыщӀэхъуэпс Ӏуэхухэр езыгъэщӀэн егъэджакӀуэхэр къагъуэтынущ.


Сэ сы-Паулщ. Тхьэм сыхуолажьэ, Хьисэ Мэссихь и апостолуи сыщытщ. Апостол сыщӀэхъуар Тхьэм къыхиха цӀыхухэм фӀэщхъуныгъэ яӀэ сщӀын, Тхьэм и гъуэгум теухуа щыпкъагъэр езгъэщӀэн щхьэкӀэщ.


Ӏуэху пэжу фэдгъэщӀахэм быдэу тетын хуейщ. Апхуэдэмэ, ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ, дызыщыгугъ хъуну ӀуэхухэмкӀэ цӀыхухэр игъэгушхуэн лъэкӀынущ абы, а Ӏуэхухэм пэув цӀыхухэми зэрымызахуэр ягуригъэӀуэн лъэкӀынущ.


А псалъэхэр пэжщ. ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр фӀы щӀэным хэтын щхьэкӀэ, а Ӏуэхухэм уи нэӀэ ину тебгъэтыну сыхуейщ. А Ӏуэхухэр фӀыщ, я фӀагъ цӀыхухэм йокӀ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan