Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 6:19 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

19 Апхуэдэу ящӀэмэ, мылъкушхуэ зэхуахьэса мэхъу. МыкӀуэдыжын гъащӀэ зрагъэгъуэтын щхьэкӀэ, а мылъкушхуэр къэкӀуэну дунейм лъабжьэ щахуэхъунущ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 6:19
23 Iomraidhean Croise  

Къыщыгъуэгъуащ Зиусхьэныр уафэгум, Псоми я нэхъ Лъагэм и макъ къигъэӀуащ.


– Уи щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса ухъуну ухуеймэ, кӀуэ, уи мылъкур щэжи, ахъшэр тхьэмыщкӀэхэм яхуэгуэш, – жриӀащ Хьисэ. – Уафэм мылъкушхуэ ущиӀэ хъунущ абы щыгъуэ. Си ужь къиувэ итӀанэ.


Фи хьэпшыпхэр фщэжи, ахъшэр тхьэмыщкӀэхэм яхуэвгуэш. ТӀорысэ мыхъужын бохъшэхэр вгъэхьэзыр, зыхэмыщӀын мылъку уафэм щызэвгъэгъуэт. ДыгъуакӀуэ лъэпкъ а мылъкушхуэм екӀуэлӀэфынукъым итӀанэ, хъунми яшхынукъым.


– «Си щӀалэ», жиӀащ Ибрэхьим, «уигу къэгъэкӀыж дунейм ущытетым уэ абы ӀыхьэфӀыр щыбгъуэтрэ, Лазар гугъу щехьу зэрыщытар. Ауэ абы игу зыгъэзагъэ фӀыгъуэхэр егъуэт иджы, уэ гугъу уохь.


ИкӀи сэ нывжызоӀэ, дунейм щывиӀэ мылъкумкӀэ ныбжьэгъухэр зэвгъэгъуэт, а мылъкур фуха нэужь, мыкӀуэдыжын псэупӀэм абыхэм фрагъэблэгъэн щхьэкӀэ.


Мыращ яхуиӀуэтар: – Тхьэми щымышынэу, цӀыхухэми ящымыукӀытэу, къалэ гуэрым зы хеящӀэ гуэрым дэст.


Ар щызэхихым, Хьисэ абы жриӀащ: – Иджыри зы уи щыщӀагъэщ. УиӀэ псори щэжи, ахъшэр тхьэмыщкӀэхэм яхуэгуэш. Уафэм мылъкушхуэ ущиӀэ хъунущ абы щыгъуэ. Си ужь къиувэ итӀанэ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь Хьисэ ди псэм щыщмэ, сунэт дащӀауэ щытми щымытми, аракъым Ӏуэхур зытетыр. Ӏуэхур зытетыр ди фӀэщхъуныгъэм фӀылъагъуныгъэ къызэрыхэкӀыр арщ.


ар фи фӀэщ зэрыхъуамкӀэ Мэссихь фи псэм щыщын щхьэкӀэ.


А сызыщыгугъ Ӏуэхухэм салъэӀэсауэ, е си щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса сыхъуауэ жысӀэркъым. Ауэ а Ӏуэхухэм сазэрылъэӀэсыным сыхущӀокъу, Мэссихь Хьисэ и цӀыхухэм ящыщ сыхъуну къызэрыслъэӀэсам хуэдэу.


Зэдэжэным хыхьэм хуэдэу, саугъэтыр къэсхьын щхьэкӀэ, и кӀэм нэс сызэрыкӀуэным сыхущӀокъу. Саугъэт жыхуэсӀэр уафэм сыщыпсэунырщ, икӀи ар къэсхьын щхьэкӀэ Хьисэ Мэссихь къыпкъырыкӀыу и цӀыхухэм ящыщ сыхъуну Тхьэм сыкъыхуриджащ.


ФӀэщхъуныгъэм фӀыуэ хущӀэкъу. МыкӀуэдыжын гъащӀэ зэгъэгъуэт; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ щыхьэт куэдым я пащхьэм фӀэщхъуныгъэ узэриӀэм фӀыуэ щыхьэт ущыщытехъуэм, а мыкӀуэдыжын гъащӀэр бгъуэтыну Тхьэм укъыхуриджащ.


Сэ сы-Паулщ. Тхьэм фӀэигъуэти, Хьисэ Мэссихь ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, мыкӀуэдыжын гъащӀэ дгъуэтыну Тхьэм дыкъызэригъэгугъам и хъыбарыр цӀыхухэм яхуэсӀуэтэну Мэссихь Хьисэ и апостол сыхъуащ.


Ауэ Тхьэм игъэува лъабжьэ быдэр сыт щыгъуи щыӀэнущ. Мыхъурым хуэдэу абы тедзащ: «Зиусхьэным езым и цӀыхухэр ещӀэ», икӀи «Зиусхьэным и цӀэр зыщтэ дэтхэнэми и щӀыбыр бзаджагъэм и гъуэгум хурегъазэ».


Тхьэм и бынхэм яхуигъэхьэзыра ӀыхьэфӀри диӀэ хъунущ. А мыкӀуэдыжын ӀыхьэфӀу, щыщӀагъэ зыбгъэдэмылъу, зэрыщыту къанэр Тхьэм уафэм къыщыфхуехъумэ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan