Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 6:16 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

16 Езы Тхьэ закъуэр арщ мылӀэжынур икӀи узэмыкӀуэлӀэфыну нэхум хэтыр. ЦӀыхухэм ящыщ гуэрми ар и нэкӀэ зыми илъэгъуакъым икӀи илъагъун лъэкӀынукъым. ЩӀыхьышхуэри мыкӀуэдыжын лъэкӀыныгъэшхуэри зейр Тхьэращ. Ӏэмин.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 6:16
30 Iomraidhean Croise  

Уэрэд къыхухэвдзэ Абы, щӀыхь уэрэд хужыфӀэ; Ӏуэху щӀагъуэхэу зэфӀихахэм ящывгъэгъуазэ.


Зиусхьэным жреӀэ: «Уэращ си хъумапӀэу, си щхьэегъэзыпӀэр, Уэращ си Тхьэу сызыщыгугъыр!»


Тхьэр и нэкӀэ зыми илъэгъуакъым игъащӀэм. Къуэ закъуэу Адэ лъапӀэм деж щыӀэм Тхьэр зыхуэдэр къытхуигъэнэхуащ.


– Мыпхуэдизрэ сывигъусауэ иджыри къэс сыкъыумыцӀыхуауэ ара, Филипп? – жриӀащ абы Хьисэ. – Сэ сыкъэзылъэгъуам Адэ лъапӀэри илъэгъуащ. «Адэ лъапӀэр дыгъэлъагъу» дауэ къызжепӀэфрэ итӀани?


Тхьэм щыщым фӀэкӀа Адэ лъапӀэр зыми илъэгъуакъым. Аращ Адэ лъапӀэр зылъэгъуар.


– Пэж дыдэр нывжызоӀэ, Ибрэхьим къэхъун и пэкӀэ сэ сыщыӀэщ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.


Дэ, Мэссихь Хьисэ зи псэм хэлъу, члисэ зэхуэсым щыщхэм, мыкӀуэдыжын лъэхъэнэу къэкӀуэнухэмкӀи щӀэблэ къэхъунухэмкӀи Тхьэм щӀыхьышхуэр хуэдвгъэщӀ. Ӏэмин.


МыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр зейр Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэрщ. Ӏэмин.


Мэссихь цӀыхухэм ямылъагъу Тхьэм и теплъэр иӀэщ. Аращ Тхьэм къигъэщӀа псоми я щыгум итэу, и КъуэкӀэ зэджэр.


ИгъащӀэкӀэ мылӀэжын пащтыхьу, цӀыхухэм ямылъагъуу Тхьэ закъуэм мыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэмрэ лъытэныгъэшхуэмрэ ейщ. Ӏэмин.


Хьисэ Мэссихь дыгъуасэ зэрыщытам хуэдэу, зызэримыхъуэкӀауэ ноби щытщ, игъащӀэкӀи щытынущ.


Сыт хуэдэ ӀуэхуфӀри тыгъэ пэжри уафэм къох, уафэм щыӀэ нэхухэм я Адэ лъапӀэм къыбгъэдокӀ. Зэблэу жьауэхэм хуэдэу, абы зрихъуэжыркъым.


Тхьэм и Къуэм къыджиӀа хъыбару фэ къыфхуэтӀуатэр мыращ: Тхьэр нэхущ, абы кӀыфӀыгъэ лъэпкъ хэлъкъым.


Тхьэр нэхугъэм зэрыхэтым хуэдэу, нэхугъэм дыхэту дызекӀуэмэ, дызэгъусэщ, икӀи Тхьэм и Къуэу Хьисэм и лъыуэ жорым щыщӀэкӀам гуэныхь псори ди гум ирегъэкъэбзыкӀыж.


Тхьэр зэи зыми нэкӀэ илъэгъуакъым, ауэ фӀыуэ дызэрылъагъумэ, Тхьэр ди псэм хэлъщ икӀи и фӀылъагъуныгъэр нэгъэсауэ ди гум илъщ.


Хьисэ Мэссихь къыпкъырыкӀыу дэ дымыкӀуэду дыкъезыгъэла Тхьэ закъуэм щӀыхьышхуэр, лъэщыгъуэр, лъэкӀыныгъэшхуэр, тепщэныгъэшхуэр ейщ лъэхъэнэ псоми япэми, иджыри, игъащӀэкӀи. Ӏэмин.


Абы и гъусэу тепщэныгъэ зиӀэу, Тхьэуэ езым и Адэм хуэлажьэ дин пашэ дыхъуну дигъэуващ. МыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэмрэ лъэкӀыныгъэшхуэмрэ зейр аращ! Ӏэмин.


ЛъэкӀыныгъэшхуэ псори зиӀэ Зиусхьэну щыӀауэ, щыӀэу икӀи игъащӀэкӀэ щыӀэну Тхьэм къыжеӀэ: «Алфэри Омегэри, япэрейри иужьрейри сэращ».


Тахътэм къиӀукӀ макъышхуэ гуэрым мыпхуэдэу жиӀэу зэхэсхащ: – Мис, Тхьэм и псэупӀэр цӀыхухэм я дежщ, езыри абыхэм яхэсынущ. Ахэри абы и цӀыху хъунущ. Езы Тхьэри абыхэм я гъусэнущ икӀи я Тхьэу щытынущ.


Жэщ хъужыныкъым. Уэздыгъэм и нэхуи, дыгъэм и нэхуи хуэныкъуэжынукъым ахэр, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэну Тхьэм нэху яритынущ. Тепщэныгъэ яӀэнущ игъащӀэкӀэ.


«Уэ, ди Зиусхьэн, щӀыхьышхуэри, лъытэныгъэшхуэри, лъэкӀыныгъэшхуэри зыхуэфащэр уэращ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ псори къэзыгъэщӀар уэращ, уэ уфӀэигъуэти, ахэр къэхъури, гъащӀэ яӀэ хъуащ».


«Ӏэмин! ФӀыщӀэшхуэр, щӀыхьышхуэр, акъылыфӀэгъуэшхуэр, лъытэныгъэшхуэр, лъэкӀыныгъэшхуэр, къаруушхуэр игъащӀэкӀэ зейр ди Тхьэрщ. Ӏэмин!»


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan