Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 6:14 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

14 Зыри уи мылажьэу, зыми узэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, ди унафэр гъэзащӀэ, ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь дунейм къыщыкӀуэжыну махуэм нэсыху.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 6:14
28 Iomraidhean Croise  

Ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь къыщылъэгъуэжыну махуэм зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, и кӀэм нэсыху гъуэгу захуэм быдэу фытригъэтынущ.


Абы нэмыщӀу, Мэссихь и псэр щӀитар члисэ зэхуэсым дахагъэ иӀэу, е бжьыгъэ, е зэлъагъэ, е апхуэдэ щыщӀагъэ лъэпкъ имыӀэу, атӀэ гукъабзэу, къуаншагъэ зыри бгъэдэмылъу, езым и пащхьэм иригъэувэн папщӀэщ.


Абы щыгъуэ нэхъыфӀыр зыхуэдэр зэхэфщӀыкӀын флъэкӀынущ, фигури къабзэу, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, Мэссихь дунейм къыщыкӀуэжыну махуэм фрихьэлӀэнущ.


Тхьэм фи гум щиубла Ӏуэхур Хьисэ Мэссихь дунейм къыщыкӀуэжыну махуэм нэсыху зэрыригъэкъужынум сыщогугъ.


къуаншагъэ лъэпкъ фэ вбгъэдэмылъын икӀи гукъабзагъэ фиӀэн щхьэкӀэ. Апхуэдэу щыхъукӀэ, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, цӀыху ерыщу икӀи къуаншэхэм фахэтми, Тхьэм фрибынынущ.


Ау иджы лымрэ лъымрэ къахэхъукӀа пкъы иӀауэ, Мэссихь зэрылӀамкӀэ Тхьэм езым фызригъэкӀужащ. Ар щӀищӀар фигухэр къабзэу, къуаншагъэ зыри фимыӀэу, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ вбгъэдэмылъу, Тхьэм езым и пащхьэм фригъэувэн щхьэкӀэщ.


«Зиусхьэным уи пщэм къыдилъхьа Ӏуэхур гъэзащӀэ», жыфӀи, Архипп схужефӀэж.


Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀыху лъапӀэ псори и гъусэу мы дунейм къыщыкӀуэжкӀэ, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, гукъабзагъэкӀэ Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэм и пащхьэм фиувэн щхьэкӀэ, фи гур ирегъэбыдэ.


Гузэгъэгъуэ къыдэзыт Тхьэм фи гур нэсауэ ирегъэкъэбзэж, зэрани къывэмыкӀыу фигури, фи псэри, фипкъри кърехъумэ, Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь дунейм къыщыкӀуэжкӀэ, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэн щхьэкӀэ.


Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь дунейм къызэрыкӀуэжынумрэ абы деж дызэрыщызэхуэсынумрэ ятеухуауэ, ди къуэшхэ, мыбыкӀэ дыныволъэӀу:


Бзаджагъэм и цӀыхур къэлъэгъуэнущ итӀанэ. Зиусхьэн Хьисэ щӀыхьышхуэ иӀэу къыщыкӀуэжкӀэ, зэрыбауэ ишэ жьымкӀэ ар иукӀынущ икӀи игъэкӀуэдыжыпэнущ.


Уэ, Тимофей, Тхьэм уи пщэм къыдилъхьа Ӏуэхум хуэсакъ. Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зыхэмылъ псалъэ мышыухэмрэ щӀэныгъэ нэпцӀ зыхэлъ пэпсэлъэнымрэ пэӀэщӀэ зыщӀ.


Тхьэм и пащхьи, псэухэмрэ лӀахэмрэ хьэкум ятезыщӀыхьыну ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и пащхьи, Мэссихь дунейм къызэрыкӀуэжынумкӀи, абы тепщэныгъэу иӀэмкӀи быдэу унафэ ныпхузощӀ:


Апхуэдэу дыпсэун хуейщ ди Тхьэшхуэу, дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Хьисэ Мэссихь и щӀыхьышхуэр къыщылъэгъуэну махуэм дыпэплъэурэ. А гуфӀэгъуэ махуэр къызэрыкӀуэнум дыщыгугъыу дыпоплъэ.


Абы нэхърэ нэхъыбэу лӀэныгъэр къызыхэкӀ Ӏуэхухэм дапыкӀыжыну, гъащӀэрэ щыпкъагъэрэ зиӀэ Тхьэм дыхуэлэжьэну, Мэссихь и лъым дигухэр егъэкъэбзэж. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу сыт щыгъуи щыӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Мэссихь къурмэныпхъэ нэсу езы Тхьэм зритащ.


Апхуэдэуи цӀыху куэдым я гуэныхьхэр ятрихыну Мэссихьи зэ къурмэныпхъэ зищӀащ. ИтӀани зэ къэлъэгъуэжынущ ар. ЦӀыхухэм я гуэныхьхэр ящхьэщихын щхьэкӀэкъым, абы щыгъуэ къыщӀэкӀуэжынур, атӀэ езыр къызэрыкӀуэжынум щыгугъыу пэплъэ цӀыхухэр мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэщ.


езым и лъыуэ уасэ зыхуэпщӀыну щымытыращ. Езыр хуэныкъуагъэ зимыӀэ, бжьыгъэ зытемылъ щынэ къабзэм хуэдэщ.


А гугъуехьхэр щӀэфшэчыр фи фӀэщхъуныгъэр гъэунэхуа хъууэ, абы и щыпкъагъэр нахуэ хъун щхьэкӀэщ. Дыщэр зэрыдыщэр мафӀэкӀэ ягъэунэху пэтми, а дыщэр кӀуэдыжынущ. Фи фӀэщхъуныгъэр а дыщэм нэхърэ нэхъ лъапӀэщ. Хьисэ Мэссихь къыщыкӀуэжыну махуэм фи фӀэщхъуныгъэм и щыпкъагъэм щхьэкӀэ фӀыщӀи, щӀыхьи, лъытэныгъи къыфхуищӀынущ Тхьэм.


Щыпкъагъэм и гъуэгур ящӀэу щытауэ, итӀанэ текӀыжу я щӀыб унафэ лъапӀэу апостолхэм къыхуагъэнам хуагъэзэным нэхърэ, Мэссихь и хъыбарыфӀым и гъуэгур ямыщӀатэмэ, езыхэмкӀэ нэхъыфӀт.


Аращи, фӀыуэ слъагъухэ, абыхэм фызэрыпэплъэм щхьэкӀэ, лажьэ зыри фимыӀэу, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу икӀи гузэгъэгъуэ фиӀэу Тхьэм и пащхьэм фызэрихьэным и ужь фит.


Бегъымбар лъапӀэхэм къыжаӀа псалъэхэри ди Зиусхьэну КъегъэлакӀуэм фи апостолхэм къажригъэӀа унафэри фигу къэвгъэкӀыжыну сыхуейщ.


ФӀыуэ слъагъухэ, иджы Тхьэм дрибынщ, ауэ дызыхуэдэ хъунур зэкӀэ нахуэ хъуакъым. Ар нахуэ хъуа нэужь, езым хуэдэу дызэрыхъунур дощӀэ, ар зыхуэдэр тлъагъунущи.


И гъуэгум фытекӀыным Тхьэм фыщихъумэн лъэкӀынущ, лажьи фимыӀэу, гуфӀэгъуэшхуи фиӀэу, езы щӀыхьышхуэ ЗиӀэм и пащхьэм фригъэувэн лъэкӀынущ.


ФыкъэдаӀуэ, уафэпшэхэм хэту къэкӀуэжынущ ар, нэ псоми ар ялъагъунущ, и джабэр бжыкӀэ зугъуэнахэми ар ялъагъунущ. Дунейм тет лъэпкъ псори абы щхьэкӀэ гъыурэ, я бгъэгухэм еуэжынущ. Аращ зэрыхъунур. Ӏэмин.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan