Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 6:12 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

12 ФӀэщхъуныгъэм фӀыуэ хущӀэкъу. МыкӀуэдыжын гъащӀэ зэгъэгъуэт; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ щыхьэт куэдым я пащхьэм фӀэщхъуныгъэ узэриӀэм фӀыуэ щыхьэт ущыщытехъуэм, а мыкӀуэдыжын гъащӀэр бгъуэтыну Тхьэм укъыхуриджащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 6:12
39 Iomraidhean Croise  

Ауэ абыхэм Тхьэм ятригъэхуэнщ шабзэшэр; уащӀэдэмыщӀэу иуӀэнщ ахэр.


щыпкъагъэр зэрыжытӀэмкӀи, Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэмкӀи, Ӏэ ижьми Ӏэ сэмэгуми ярылъ пэжыгъэм и ӀэщэхэмкӀи;


Къуэшхэм дэӀэпыкъуэгъу фахуэхъуурэ, фи щыпкъагъэр къэвгъэнэхуащ. Аращи, Мэссихь теухуа хъыбарыфӀым щыхьэт фызэрыхуэхъум икӀи фызэредаӀуэм щхьэкӀэ, абыхэм Тхьэм щӀыхьышхуэ хуащӀынущ. Абы нэмыщӀ, фи мылъкум фыщымысхьу фи мылъкум абыхэми нэгъуэщӀ цӀыхухэми зэрахуэвгуэшым щхьэкӀэ а къуэшхэм Тхьэм щӀыхь хуащӀынущ.


ХъыбырыфӀым сызэрыхущӀэкъур зэрыфлъэгъуам хуэдэу, фэри иджы фыхущӀокъу. А щӀэкъуныгъэм иджыри сызэрыхэтыр зэхэфхащ.


Мэссихь къывит гузэгъэгъуэм фи гум тепщэныгъэ щрыреӀэ. Зы пкъым фыхуэдэу а гузэгъэгъуэр фиӀэну Тхьэм фыкъыхуриджащ. Абы фӀыщӀэ хуэфщӀ.


Тхьэуэ зи Тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэну, зи щӀыхьышхуэмкӀэ Ӏыхьэ фиӀэну фыкъыхуезыджам фыхуэфащэу фыпсэуну къывгурыдгъэӀуащ, фыдгъэгушхуащ икӀи дывэлъэӀуащ.


Тхьэм и бынхэм ящыщ фыхъуну фыкъызэрыхуриджар дэ фэдгъэщӀа хъыбарыфӀыр арщ. Апхуэдэу, ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и щӀыхьышхуэмкӀэ Ӏыхьэ къыфлъысынущ.


Си къуэ Тимофей, Тхьэм езым и псалъэу уэ къыптеухуауэ цӀыху гуэрхэм я гум кърилъхьэу къажригъэӀахэм тету мы унафэр ныпхузощӀ. А псалъэхэм тету зауэлӀыр фӀыуэ зэрызауэм хуэдэу,


фӀэщхъуныгъэ уиӀэу, уигукӀэ мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ зыдумыщӀэжу, гурэ псэкӀэ уи Ӏуэхур лэжь. ЦӀыху гуэрхэм я гумкӀэ мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ зыдамыщӀэжыныр зэрамыдам щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгу текӀыжащ.


Тхьэм и нэфӀ къыпщыхуэну члисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм я Ӏэхэр къыптралъхьэурэ, уэ птеухуауэ Тхьэм езым и псалъэхэр абыхэм я гум кърилъхьэу къащыжригъэӀэм, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм лъэкӀыныгъэу къуитам узэрыхэтыным хущӀэкъу.


Тхьэуэ псоми гъащӀэ къезытым и пащхьэмрэ Мэссихь Хьисэу, Понтий Пилат зэхихыу, щыпкъагъэм щыхьэт техъуам и пащхьэмрэ лъэщу унафэ щыпхузощӀ:


Апхуэдэу ящӀэмэ, мылъкушхуэ зэхуахьэса мэхъу. МыкӀуэдыжын гъащӀэ зрагъэгъуэтын щхьэкӀэ, а мылъкушхуэр къэкӀуэну дунейм лъабжьэ щахуэхъунущ.


Тхьэр арщ дымыкӀуэду дыкъезыгъэлыр икӀи гукъабзагъэкӀэ дыпсэуну дыкъыхуезыджар. Апхуэдэу щӀищӀар езым ар и мурадти, и нэфӀ къызэрытщыхуарщ. Ди фӀыщӀагъэхэм я Ӏуэху абы хэлъкъым. Мэссихь Хьисэ къыпкъырыкӀыу Тхьэм и нэфӀ къыщытщыхуар лъэхъэнэ псоми япэкӀэщ,


Щыхьэт Ӏэджэм я пащхьэм сэ щыжысӀэу зэхэпха Ӏуэхухэр узыщыгугъ хъун цӀыхуу нэгъуэщӀхэм ахэр езыгъэщӀэн зылъэкӀынухэм, я пщэм дэлъхьэ.


ХъыбарыфӀым фӀыуэ сыхущӀэкъуащ, къэзжынур къэзжащ, фӀэщхъуныгъэр схъумащ.


Ди къуэш Тимофей щхьэхуиту къызэраутӀыпщыжар фщӀэну сыхуейщ. Мыгувэу къакӀуэмэ, абы сригъусэу фыслъагъуну сынэкӀуэнущ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ нэхъапэм дызыщыгугъа Ӏуэхухэм и кӀэм нэсыху дыхуэпэжмэ, дэ псори Мэссихь и гъусэхэм ящыщ дохъу.


Апхуэдэу зэпхъуэкӀ мыхъуну ӀуэхуитӀ щыӀэщ. Ар Тхьэуэ зэрыщытым щхьэкӀэ, а ӀуэхуитӀыр зэримыгъэзэщӀэн гъуэгу щыӀэкъым. Дэ, Тхьэр хъумакӀуэ зыхуэхъуну абы и гъунэгъу хъуа цӀыхухэр, Тхьэм дяпэ кърилъхьа Ӏуэхуу дызыщыгугъыу, дызыпэплъэхэр зылъэдгъэӀэсыну мы ӀуэхуитӀым дагъэгушхуэ.


Бзаджагъэм бзаджагъэкӀэ фыпемыгъуэкӀ, къыфщӀэнакӀэм фыщӀэмынэкӀэж. Абы и пӀэкӀэ, «Тхьэм и нэфӀыр къыфщрехуэ», яжефӀэ; и бынхэм ящыщ фыхъуну Тхьэм фыкъыщӀыхуриджар абы и нэфӀыр къызэрыфщыхуэнур фэ ӀыхьэфӀу къыфлъысыну арщ.


НэфӀ щыхуэныгъэ псори зиӀэ Тхьэм езым и щӀыхьышхуэу мыкӀуэдыжынумкӀэ Ӏыхьэ фиӀэну фыкъыхуриджащ Мэссихь Хьисэ фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ. Зы мащӀэкӀэ гугъуехь фшэча нэужь, езы Тхьэм фыкъызэфӀигъэувэжынущ, фигухэр игъэбыдэнурэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум фыкъимыкӀуэтыжу быдэу фытригъэтынущ.


Мэссихь дызэригъэгугъар мыкӀуэдыжын гъащӀэщ.


ФӀыуэ слъагъухэ, фэри дэри дымыкӀуэду Тхьэм дыкъызэрыригъэлам теухуауэ куэд ныфхуэстхыну сыхуеящ. Ауэ Тхьэм езым и цӀыху лъапӀэхэм я ӀэмыщӀэм кърилъхьа фӀэщхъуныгъэм быдэу фытетыну сынывэлъэӀун щхьэкӀэ, итӀанэ нэхъ иужькӀэ ныфхуэстхын хуейуэ къэслъытащ.


Аращи, Ӏуэхуу зэвгъэщӀари зэхэфхари фи гум къэвгъэкӀыж. Ахэр вгъэзащӀи, фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэж. Фыжейурэ фымысакъмэ, дыгъуакӀуэр цӀыхухэм ямыщӀэххэу къызэрыкӀуэм хуэдэу сынэкӀуэнущ. Фи деж сыныщыкӀуэну сыхьэтри фщӀэнукъым.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan