Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 6:11 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

11 Ауэ уэ, Тхьэм и цӀыху, а Ӏуэхухэм пэӀэщӀэ зыщӀ. Щыпкъагъэр, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ, фӀэщхъуныгъэр, фӀылъагъуныгъэр, теубыдагъэр, гущабагъэр уи гум зэрилъыным хущӀэкъу.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 6:11
40 Iomraidhean Croise  

Си ныбжьэгъу, си къуэш сахуэщыгъуэ хуэдэу, садызекӀуащ; си анэ щхьэкӀэ сыщыгъуэ хуэдэу, сыкъекӀуэкӀащ, си щхьэ ухуауэ, сынэщхъейуэ сахэтащ.


Аращи, зэгурыӀуэныгъэ къэзыхь Ӏуэхухэми гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ зэрыдгъуэт Ӏуэхухэми я ужь дивгъэт.


Аращи, фӀыуэ слъагъухэ, тхьэ нэпцӀ гъэлъэпӀэным пэӀэщӀэ зыфщӀ.


Фигухэм фӀылъагъуныгъэ зэрилъыным фи фӀэщу фыхущӀэкъу. Тхьэм лъэкӀыныгъэхэр къызэрывитыным фыхущӀэкъу, Тхьэм езым и псалъэхэр фигухэм кърилъхьэурэ, псом хуэмыдэжу ахэр къыжыфӀэну лъэкӀыныгъэ къызэрывитыным и ужь фит.


Зинэ щӀэным пэӀэщэ зыфщӀ! НэгъуэщӀ сыт хуэдэ гуэныхьуи цӀыхум ищӀэр и пкъым епхакъым, ауэ зинэ зыщӀэм езым и пкъым гуэныхь ирещӀэж.


Ауэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и нэфӀ ину къысщыхуащ икӀи Мэссихь Хьисэ си псэм щыщ зэрыхъуам щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэрэ фӀылъагъуныгъэрэ си гум илъ хъуащ.


Уи ныбжьыщӀагъэм щхьэкӀэ, зыми нэмыплъ зрумыгъэт, ауэ псалъэхэмкӀэ, псэукӀэмкӀэ, фӀылъагъуныгъэмкӀэ, фӀэщхъуныгъэмкӀэ, гукъабзагъэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм щапхъэ яхуэхъу.


зи фӀыщӀагъэхэмкӀэ цӀыхухэр щыхьэт зыхуэхъу фызабэрщ: псалъэм щхьэкӀэ, бын зыпӀауэ, хьэщӀэхэр зыгъэлъэпӀауэ, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм я лъакъуэхэр яхуэзытхьэщӀауэ, гузэвэгъуэ хэтхэм ядэӀэпыкъуауэ, фӀы щӀэным хэта фызабэрщ.


Уэ, Тимофей, Тхьэм уи пщэм къыдилъхьа Ӏуэхум хуэсакъ. Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зыхэмылъ псалъэ мышыухэмрэ щӀэныгъэ нэпцӀ зыхэлъ пэпсэлъэнымрэ пэӀэщӀэ зыщӀ.


Зыгуэрым и гур игъэкъэбзэжу, мы Ӏуэху бзаджэхэм пэӀэщӀэ зищӀмэ, хьэкъущыкъуфӀ дыдэм хуэдэ хъунущ. А цӀыхур, Зиусхьэным и ӀэмыщӀэ зрилъхьауэ, и фӀагъ Зиусхьэным иригъэкӀыурэ, фӀыщӀагъэ псоми хуэхьэзыр хъунущ.


Ауэ щӀалагъэм и хъуэпсэныгъэ Ӏейхэм пэӀэщӀэ зыщӀ. Зиусхьэным гукъабзагъэкӀэ елъэӀухэм урагъусэу, щыпкъагъэм, фӀэщхъуныгъэм, фӀылъагъуныгъэм, гузэгъэгъуэм я ужь ит.


Сэ цӀыхухэм езгъащӀэ Ӏуэхухэр, си псэукӀэр, си мурадыр, си фӀэщхъуныгъэр, си шыӀэныгъэр, си фӀылъагъуныгъэр, си теубыдагъэр уощӀэ.


Тхьэм хуэлажьэ цӀыхур дэтхэнэ ӀуэхуфӀми хуэхьэзыру икӀи хуэгъэпсауэ щытынущ апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ.


ЦӀыху псоми фазэрыгурыӀуэнми гукъабзагъэри зэрывиӀэнми фыхущӀэкъу; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гукъабзагъэ имыӀэмэ, зыми Зиусхьэныр илъагъунукъым.


Бзаджагъэм пэӀэщӀэ зрырещӀ, фӀы ирелэжь. ЗэгурыӀуэныгъэм лъыхъуэу, и ужь ирырет.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan