Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 6:10 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

10 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ бзаджагъэ псори къызыбгъэдэкӀыр ахъшэм щӀэбэгынырщ. ЦӀыху гуэрхэр, ахъшэм щӀэхъуэпсурэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум текӀри, гухэщӀ Ӏэджэ я щхьэм къыхуахьыжащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 6:10
49 Iomraidhean Croise  

Лабан къыжриӀащ абы: – ИпэжыпӀэкӀэ, уэ си къупщхьэми силми ущыщщ. Арати, щыпсэуащ абы деж Екъуб мазэ псэукӀэ.


– Дэ ди щӀыпӀэм щыхабзэкъым нэхъыжьым и пэ нэхъыщӀэр ирагъашэу, – жиӀащ Лабан. –


Екъуб и къуэхэр яукӀахэм я деж кӀуэри зэрапхъуащ къалэр, я шыпхъум лей къызэрырахам папщӀэ.


Абы дежкӀэ зигъазэри, Иудэ жиӀащ: – СыныщӀыхьэнущ уи деж. ИщӀэртэкъым ар езым и нысэр арауэ зэрыщытыр. – Сыт къызэптынур, си деж укъыщӀыхьэмэ? – жиӀащ абы.


Зиусхьэным хамэ лъэпкъхэм къаухэсыр зэхекъутэ, зэхекъутэ цӀыху лъэпкъхэм я гухэлъхэр.


Сэ си псэм къещэхэр ирекӀуэ хьэдрыхэ.


НэгъуэщӀ цӀыху гуэр банэхэм хэлъэлъа жылэм хуэдэщ. Тхьэм и псалъэхэр зэхех апхуэдэм, ауэ мы дунейм щызекӀуэ гугъуехьхэмрэ беягъэм и пцӀымрэ Тхьэм и псалъэу и гум илъхэр ятхьэлэри, абы фӀыгъуэ къыпыкӀыркъым.


– Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри фарисейхэри, бзитӀщхьитхэ! Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм и куэбжэр цӀыхухэм я пащхьэм щывгъэбыдэ. Фэ езыхэри а тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэркъым, щӀыхьэну хуейхэри хуит фщӀыркъым.


– ЩӀылъэм мылъкушхуэ щызэхуэвмыхьэс, щӀылъэм щыӀэр е хъуным яшх е улъийурэ мэкӀуэдыж, дыгъуакӀуэхэм яхъунщӀэ икӀи ядыгъури.


ауэ мы дунейм щызекӀуэ гугъуехьхэри, беягъэм и пцӀымрэ, нэгъуэщӀ Ӏуэху мыхъумыщӀэхэм щӀэхъуэпсынри я гум хыхьэурэ, Тхьэм и псалъэу я гум илъхэр ятхьэлэурэ, а цӀыхухэми фӀыгъуэ къапыкӀыркъым.


Аращи, фи щэныжь бзаджэм и Ӏуэхухэр вгъэкӀуэд: Зинэ щӀэнри, гуфӀеягъи, хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэхэри, хъуэпсэныгъэ Ӏейхэри, нэпсеягъэри – нэпсеягъэр тхьэ нэпцӀыр бгъэлъэпӀэным хуэдэщ.


Фадафэу е цӀыху Ӏэлу щыт хъунукъым, атӀэ Ӏэсэу, мышхыдэрейуэ икӀи мылъкум щӀэмыхъуэпсу щытын хуейщ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, «щӀэныгъэ диӀэщ», зыхужаӀэжурэ цӀыху гуэрхэр фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум текӀащ. Тхьэм и нэфӀ къыпщрехуэ. Ӏэмин.


Ауэ бей хъуну хуейхэр гуэныхь щӀэным дезыгъэхьэх Ӏуэхум хохуэри, шейтӀаным Ӏэрохуэ. ПщӀэ зимыӀэ, зи ягъэ къэкӀуэ хъуэпсэныгъэу, цӀыхухэр зыгъэунэхъуу, кӀуэдыпӀэм хуэзышэхэм яубыд ахэр.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхухэм езыхэм фӀыуэ залъагъужынущ, ахъшэри фӀыуэ ялъагъунущ, закъыфӀэщӀыжынущ, пэгэнущ, шхыдэрейуэ щытынущ, адэ-анэхэм едэӀуэнукъым, арэзыныгъэ яӀэжынукъым, Тхьэр ягъэлъэпӀэнукъым, фӀылъагъуныгъэ яӀэжынукъым;


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Димас мы дунейр фӀыуэ илъэгъуати, сэ сыкъигъанэри, Фессалоникэ къалэм кӀуащ. Крискент Галатие хэкум кӀуащ, Тити Далмацие хэкум кӀуащ. Си деж къэнар Лука закъуэщ.


Абыхэм я жьэр ебгъэубыдын хуейщ. ЦӀыхухэм ирамыгъэджапхъэ Ӏуэхухэм ирагъаджэурэ, напэншагъэкӀэ ахъшэкӀэ нэпсейуэ, унагъуэхэр зэрыунагъуэу ягъэунэхъу.


Си къуэшхэ, фэ фщыщ гуэр щыпкъагъэм и гъуэгум текӀ хъумэ, ар гъуэгу занщӀэм тезыгъэхьэжым мыр ирырещӀэ:


Ахэр гъуэгу мыгъуэ теуващ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Каин и гъуэгу техьащ, Билеам зи цӀэм зэрищӀам хуэдэу, абыхэми ахъшэ щхьэкӀэ бзаджагъэ ящӀэ, Корейм хуэдэу я ерыщыгъэкӀэ мэкӀуэдыж.


мэ ӀэфӀ къызыпих удзу синнамон, смирнэ, ладан зи цӀэхэр, мэ ӀэфӀ къызыпих дагъэр, фадэр, зейтун дагъэр, хьэжыгъэ дэгъуэр, гуэдзыр зыми ищэхужыркъым; былымхэр, мэлхэр, шыхэр, гухэр зыми ищэхужыркъым; пщылӀхэри зыми ищэхужыркъым.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan