Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 6:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

1 УнэӀутыгъэм и бжьыр зытелъ псоми я тепщэхэм щӀыхь псори яхуэфащэу ялъытэн хуейщ, цӀыхухэм Тхьэм и цӀэмрэ ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ Ӏуэхухэмрэ ямыгъэулъиин щхьэкӀэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 6:1
35 Iomraidhean Croise  

– Уи бысым зиусхьэн гуащэм деж гъэзэжи, абы хуэжыӀэщӀэ, – къыжриӀащ Зиусхьэным и мелыӀычым абы.


ЖиӀащ абдеж: – Зиусхьэн, си тепщэ Ибрэхьим и Тхьэ! Нобэ си Ӏуэху къигъэкӀ, фӀы къыхуэщӀэ си тепщэ Ибрэхьим.


ЖриӀащ Ибрэхьим езым и унэӀутым, абы и унэм деж щынэхъыжьым, абы и мылъкур зезыгъакӀуэм: – Уи Ӏэр си куэ щӀагъым къыщӀэлъхьи,


Мыр жиӀэри: – ЩӀыхьышхуэр ейщ Зиусхьэну Ибрэхьим и Тхьэм, и фӀыгъуэрэ и пэжыгъэрэ си тепщэр хэзымыгъэнам, – жиӀащ абы. – Зиусхьэным гъуэгу занщӀэкӀэ сыкъыхуишащ си тепщэм и Ӏыхьлыхэм я унэм.


си бжьыр шэчыгъуафӀэщ, си хьэлъэри уэндэгъукъыми.


АтӀэ сыт флъагъун фи гугъар, абы фыщихьам? Бегъымбарырат? Пэжыр нывжызоӀэ, ар бегъымбар къудейкъым, ар бегъымбарым нэхърэ нэхъ лъапӀэщ.


– ЦӀыхухэм гуэныхь ящӀэну дезыгъэхьэх Ӏуэхугъуэхэр къэхъун хуейщ, ауэ ахэр къызыпкърыкӀ цӀыхур гъуэгу мыгъуэ теуващ, – яжриӀащ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм.


– Дэ дыкъэзыгъэкӀуар дзэ пашэу Корнелийщ, – жаӀащ а лӀыхэм. – Ар щыпкъагъэри Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр зи гум илъу, журт лъэпкъ псоми щӀыхь зыхуащӀ цӀыхущ. И лӀыкӀуэхэм езым деж уригъашэу, жыпӀэхэм едэӀуэну мелыӀыч гуэрым унафэ къыхуищӀащ абы.


Ар къыжезыӀа мелыӀычыр бгъэдэкӀыжа нэужь, Корнелий и унэӀутхэм ящыщу цӀыхуитӀрэ и ӀуэхутхьэбзащӀэ зауэлӀхэм ящыщу Тхьэр зыгъэлъапӀэмрэ къриджэщ,


Дэри ди адэжьхэми тхуэмыхьа хьэлъэр ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм ятефлъхьэу, сыт Тхьэр вгъэунэхуну и ужь фыщӀитыр?


Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «Фэ фи лажьэкӀэ хамэ лъэпкъхэм щыщхэм Тхьэм и цӀэр ягъэулъий».


Журтхэми, алыджхэми, Тхьэм и члисэ зэхуэсым щыщхэми я гъуэгум зыгъэлъэпэрэпэн мывэ фащыхуэмыхъу.


Аращи, Мэссихь къывита щхьэхуитыныгъэм быдэу фытет, пщылӀыгъэм и бжьыр цӀыхухэм аргуэру зытревмыгъэлъхьэж.


Аращи, фызабэ ныбжьыщӀэхэр дэкӀуэжыну, быни къащӀэхъуэну, я унагъуэри зэрахьэну, я жагъуэгъу шейтӀаныр абыхэм ӀейкӀэ ятепсэлъыхьыну Ӏэмал ирамыгъэгъуэтыну сыхуейщ.


Тхьэр зымыщӀэхэм я пащхьэм тэрэзу фыщыпсэу. «Мы цӀыхухэр бзаджащӀэхэщ», жаӀэурэ ӀейкӀэ къыфтепсэлъыхь пэтми, фи фӀыщӀагъэхэр ялъагъунурэ, Тхьэр абыхэм къащыхэплъэну махуэм Тхьэм щӀыхьыр хуащӀынущ.


МыхъумыщӀэ лъэпкъ зыдэвмыщӀэжу фигухэр къабзэу щывгъэт, Мэссихь зи гум илъхэм яхуэфащэу фи псэукӀэ тэрэзым къыщӀэнакӀэхэр жаӀахэмкӀэ укӀытэжын щхьэкӀэ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan