9 Фызабэхэм я цӀэхэр зэрыт тхылъым зи цӀэр иратхэн хуейр зи ныбжь илъэс хыщӀым нэсауэ, зэ фӀэкӀ дэмыкӀуауэ,
ДэӀэпыкъуэгъур зы фыз фӀэкӀ зимыӀэ,* и бынхэмрэ и унагъуэмрэ фӀыуэ зезыхьэ лӀыуэ щытын хуейщ.
Зыми зэригъэкъуэншэн лъэпкъ зыбгъэдэмылъу, зы фыз фӀэкӀ зимыӀэу, зышыӀэныгъэрэ гулъытэрэ зиӀэу, хабзэфӀым тету, хьэщӀэхэр зыгъэлъапӀэу, цӀыхухэм щыпкъагъэр езыгъэщӀэн зылъэкӀ цӀыхуу щытын хуейщ Ӏэтащхьэр.
Фызабэ ныбжьыщӀэхэм я цӀэхэр а тхылъым иумытхэ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ я гум хъуэпсэныгъэ къихьэмэ, я щӀыб Мэссихь къыхуагъазэу, дэкӀуэжыну яхуеинущ.
Аращи, фызабэ ныбжьыщӀэхэр дэкӀуэжыну, быни къащӀэхъуэну, я унагъуэри зэрахьэну, я жагъуэгъу шейтӀаныр абыхэм ӀейкӀэ ятепсэлъыхьыну Ӏэмал ирамыгъэгъуэтыну сыхуейщ.
ФӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыхубз гуэрым и унэм фызабэхэр щӀэсмэ, ар абыхэм якӀэлъыплъын хуейщ. Члисэ зэхуэсым ахэр хьэлъэ тремыхъуэ, зи закъуэ дыдэ фызабэхэм члисэ зэхуэсыр якӀэлъыплъыфын щхьэкӀэ.