Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 5:5 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

5 Зи закъуэ дыдэу къэна фызабэр Тхьэм щогугъ, Тхьэр къыдэӀэпыкъуну жэщи махуи зэпымыууэ йолъэӀу.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 5:5
27 Iomraidhean Croise  

бзэпсипщӀ зэрылъ пшынэмкӀэ, пшынэдыкъуакъуэмкӀэ, бзэпсыбэ зэрылъ пшынэмкӀэ уэрэд дэжытӀэурэ.


Ягу ямыгъэкӀуэду зэпымыууэ Тхьэм елъэӀун щхьэкӀэ, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм зы ущие хъыбар яхуиӀуэтащ.


Тхьэм езым къыхиха, жэщи махуи хуабжьу къелъэӀу цӀыхухэм яхуэфащэр ялъигъэсынукъэ? Яхуэфащэр ялъигъэсыным пэплъэу куэдрэ щигъэтыну?


И лӀыр лӀэри, и ныбжьыр илъэс ищӀрэ плӀым нэсыху фызабэу щытащ ар. Тхьэм и унэшхуэм къыщӀэмыкӀыу, нэщӀ ису, Тхьэ елъэӀуу, жэщи махуи Тхьэм хуэлажьэу щытащ.


Ди адэжьхэр Тхьэм къызэригъэгугъа дыдэращ ди лъэпкъым и унагъуэ лъэпкъ пщыкӀутӀыр жэщи махуи Тхьэм гурэ псэкӀэ хуэлажьэурэ, къагъуэтыну зыщыгугъыр. Ди пащтыхь, сэри абы сызэрыщыгугъыращ журтхэр къыщӀызэдауэр.


ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр нэхъ куэд щыхъум, алыджыбзэкӀэ псалъэ журтхэм, зи бзэкӀэ псэлъэж журтхэм яхуэтхьэусыхэу, жаӀащ а махуэхэм: – Махуэ къэс шхын щывгуэшкӀэ, ди фызабэхэм нэмыплъ ивот.


Петр къэтэджри, абыхэм я гъусэу кӀуащ. Иоппие къалэм щынэсым, унэм и етӀуанэ къатым драшеящ. Фызабэ псоми Петр къаувыхьри, Тавифэ я гъусэу щыщытам щыгъуэ абы щыгъыну идауэ хъуар гъуэгыурэ кърагъэлъэгъуащ.


Петр абы и Ӏэр иубыдри къигъэтэджыжащ. Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэмрэ фызабэхэмрэ къриджэри, Тавифэ псэууэ яритыжащ итӀанэ.


А зы фӀэщхъуныгъэу диӀэмкӀэ дызэрыгъэгушхуэныращ жыхуэсӀэр.


Мэссихь къыпкъырыкӀыу Тхьэм и нэфӀ къысщихуэри, Мэссихь и цӀэкӀэ лъэпкъ псоми фӀэщхъуныгъэ яӀэ згъэхъуу, езым езгъэдэӀуэн щхьэкӀэ, апостолу сигъэуващ.


Гузэвэгъуэ фимыӀэну сыхуейщ. Къэзымышам и нэӀэ Зиусхьэным и Ӏуэхугъуэхэм ятрегъэт – Зиусхьэным игу зэрырихьыным хущӀокъу.


Хъыджэбздэсым Зиусхьэным и Ӏуэхущ зэрихуэр, и пкъымрэ и гумкӀэ зэрыкъэбзэным хущӀокъу. ДэкӀуам зэрихуэр дуней Ӏуэхугъуэщ – и лӀым игу зэрырихьыным и ужь итщ.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Тхьэр къывдэӀэпыкъуну сыт щыгъуи фелъэӀу, фызыхуэныкъуэхэмкӀи Тхьэм фелъэӀу. Фысакъыу икӀи фемышу, Тхьэм и цӀыху лъапӀэ псоми зэпымыууэ фахуелъэӀу.


Зыми фремыгъэгузавэ, ауэ сыт ищӀыс Ӏуэхуми щхьэкӀэ Тхьэм фелъэӀуурэ, щӀыхь хуэфщӀурэ, фи дэӀэпыкъуэгъу хъуну фелъэӀуурэ, фызыхуэныкъуэр евгъащӀэ.


Псом япэу сыныволъэӀу, цӀыху псоми щхьэкӀэ Тхьэм фелъэӀу, дэӀэпыкъуэгъу яхуэхъуну, фӀыгъуэ яригъэгъуэтыну фелъэӀу. Тхьэм фӀыщӀэ хуэфщӀ.


ФӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыхубз гуэрым и унэм фызабэхэр щӀэсмэ, ар абыхэм якӀэлъыплъын хуейщ. Члисэ зэхуэсым ахэр хьэлъэ тремыхъуэ, зи закъуэ дыдэ фызабэхэм члисэ зэхуэсыр якӀэлъыплъыфын щхьэкӀэ.


Зи закъуэ дыдэу къэна фызабэхэм щӀыхь яхуэщӀ.


Си адэжьхэм хуэдэу, сигукӀэ мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ зыдэзмыщӀэжу, сызыхуэлажьэ Тхьэм фӀыщӀэ хузощӀ. Тхьэм селъэӀуу, жэщи махуи зэпымыууэ уи гугъу сщӀыуэ, Тхьэм фӀыщӀэ хузощӀ.


Аращ пасэм цӀыхубз лъапӀэу Тхьэм щыгугъахэм зызэрагъэдахэу щыта щӀыкӀэр, ялӀхэми яхуэӀурыщӀэу.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan