Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 5:4 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

4 Фызабэ гуэрым и бынрэ и бынхэм къащӀэхъуарэ иӀэмэ, езыхэм я унагъуэм щӀыхь хуащӀыну япэщӀыкӀэ зрагъэсэн хуейщ, я адэ анэхэм къыхуащӀари хуащӀэжын хуейщ, ар Тхьэм игъуэу елъытэри.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 5:4
18 Iomraidhean Croise  

ИгъэнщӀырт Исуф гъавэкӀэ езым и адэри, и къуэшхэри, и адэм и унагъуэ псори, дэтхэнэ унагъуэм сабий исым я бжыгъэм елъытауэ.


Щыпсэуащ Екъуб Мысыр щӀыналъэм илъэс пщыкӀублкӀэ; хъурт Екъуб и махуэхэр, абы и гъащӀэ махуэхэр, илъэсищэрэ плӀыщӀрэ блырэ.


И анэмрэ и адэмрэ я гъусэу Хьисэ Назарет кӀуэжащ итӀанэ, яхуэӀурыщӀащ. Хьисэ и анэм игу ириубыдащ мы Ӏуэху псори.


Ар фӀыщ икӀи дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Тхьэм игъуэу елъытэ.


ФӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыхубз гуэрым и унэм фызабэхэр щӀэсмэ, ар абыхэм якӀэлъыплъын хуейщ. Члисэ зэхуэсым ахэр хьэлъэ тремыхъуэ, зи закъуэ дыдэ фызабэхэм члисэ зэхуэсыр якӀэлъыплъыфын щхьэкӀэ.


Абыхэм я жьэр ебгъэубыдын хуейщ. ЦӀыхухэм ирамыгъэджапхъэ Ӏуэхухэм ирагъаджэурэ, напэншагъэкӀэ ахъшэкӀэ нэпсейуэ, унагъуэхэр зэрыунагъуэу ягъэунэхъу.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan