3 Зи закъуэ дыдэу къэна фызабэхэм щӀыхь яхуэщӀ.
Былымхэм удз ярет, къуалэжьым и шырхэри егъашхэ.
Лажьэ симыӀэу, си жагъуэгъухэр щхьэцу стетым нэхъыбэ хъуащ; сагъэкӀуэдмэ, яфӀэигъуэу, пцӀыкӀэ сыкъэзыувыхьхэм гуащӀэ яӀэщ; естыжын хуей абыхэм къатезмыхар?
ФынакӀуэ, щхьэщэ хуэдвгъэщӀ, Тхьэуэу дыкъэзыгъэщӀам и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу дивгъэтӀысхьэ.
– Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри фарисейхэри, бзитӀщхьитхэ! Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм и куэбжэр цӀыхухэм я пащхьэм щывгъэбыдэ. Фэ езыхэри а тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэркъым, щӀыхьэну хуейхэри хуит фщӀыркъым.
И лӀыр лӀэри, и ныбжьыр илъэс ищӀрэ плӀым нэсыху фызабэу щытащ ар. Тхьэм и унэшхуэм къыщӀэмыкӀыу, нэщӀ ису, Тхьэ елъэӀуу, жэщи махуи Тхьэм хуэлажьэу щытащ.
Куэбжэм щынэсым, хьэдэ къыдахыу ӀущӀащ. Ар фызабэ гуэрым и къуэ закъуэрт. А къалэм щыщ цӀыху куэд и гъусэт фызабэм.
Нафанаил къакӀуэу щилъагъум, абы теухуауэ Хьисэ жиӀащ: – Мис Израил щыщ цӀыху щыпкъэу гъэпцӀагъэ гуэри зыхэмылъыр.
ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр нэхъ куэд щыхъум, алыджыбзэкӀэ псалъэ журтхэм, зи бзэкӀэ псэлъэж журтхэм яхуэтхьэусыхэу, жаӀащ а махуэхэм: – Махуэ къэс шхын щывгуэшкӀэ, ди фызабэхэм нэмыплъ ивот.
Петр къэтэджри, абыхэм я гъусэу кӀуащ. Иоппие къалэм щынэсым, унэм и етӀуанэ къатым драшеящ. Фызабэ псоми Петр къаувыхьри, Тавифэ я гъусэу щыщытам щыгъуэ абы щыгъыну идауэ хъуар гъуэгыурэ кърагъэлъэгъуащ.
Петр абы и Ӏэр иубыдри къигъэтэджыжащ. Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэмрэ фызабэхэмрэ къриджэри, Тавифэ псэууэ яритыжащ итӀанэ.
Фэрами нэгъуэщӀхэрами, цӀыхухэм щӀыхь зыхуедгъэщӀыну дыхэтакъым.
цӀыхубз нэхъыжьхэми анэхэм уазэрыдэгъуэгурыкӀуэм хуэдэу ядэгъуэгурыкӀуэ, цӀыхубз ныбжьыщӀэхэми шыпхъухэм уазэрыдэгъуэгурыкӀуэм хуэдэу гукъабзагъэ псомкӀи ядэгъуэгурыкӀуэ.
Къабзэу икӀи щыщӀэгъэнщэу Тхьэуэ Адэ лъапӀэм ухуэлэжьэныр мыращ: Гузэвэгъуэм хэхуа зеиншэхэмрэ фызабэхэмрэ ядэӀэпыкъуныр, мы дунейм щызекӀуэ бзаджагъэм мысэ уимыщӀу пэӀэщӀэ зыпщӀыныр арщ.
ЦӀыху псоми щӀыхь яхуэфщӀ, къуэшхэри фӀыуэ флъагъу, Тхьэми фыщышынэ, пащтыхьми щӀыхь хуэфщӀ.
Фэ, лӀыхэм, нывжызоӀэ, фи фызхэм фагурыӀуэу фадэгъуэгурыкӀуэ. Ахэр фэр нэхърэ нэхъ гуащӀэмащӀэщ. ПщӀэ яхуэфщӀ, фэ фхуэдабзэу абыхэми Тхьэм и нэфӀ къащыхуэурэ ӀыхьэфӀу гъащӀэ къаретри. Апхуэдэу фщӀэмэ, Тхьэм фыщелъэӀукӀэ, зыри къыфпэувыфынукъым.