Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 5:25 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

25 Апхуэдэу, фӀыщӀагъэхэри нэрылъагъущ. Нэрылъагъуу щымыт фӀыщӀагъэхэри щӀэуфэ хъунукъым.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 5:25
13 Iomraidhean Croise  

Аращи, цӀыхухэм я пащхьэм фи нэхур щреблэ, фи фӀыщӀагъэхэр ялъагъуу, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм щӀыхь хуащӀын щхьэкӀэ.


– Уэздыгъэ пигъанэу, ар плӀанэпэ пхыдза гуэрым дигъэувэркъым зыми, е пэгун щӀагъым щӀигъэувэркъым, атӀэ унэм къыщӀыхьэхэм и уэздыгъэ нэхур ялъагъун щхьэкӀэ, ар тегъэувапӀэ лъагэм трегъэувэ.


– Дэ дыкъэзыгъэкӀуар дзэ пашэу Корнелийщ, – жаӀащ а лӀыхэм. – Ар щыпкъагъэри Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр зи гум илъу, журт лъэпкъ псоми щӀыхь зыхуащӀ цӀыхущ. И лӀыкӀуэхэм езым деж уригъашэу, жыпӀэхэм едэӀуэну мелыӀыч гуэрым унафэ къыхуищӀащ абы.


– Ананий и цӀэу Торэт хабзэм темыкӀыу тетрэ Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр и гум илъу лӀы гуэр Дамаск дэсащ. Абы журт псоми пщӀэ хуащӀырт.


Иоппие къалэм ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыхубз гуэр, Тавифэ и цӀэу, дэст. (Тавифэм къикӀыр «Мэз бжэнщ».) Абы фӀы куэд ищӀэрт, псапэ илэжь зэпытт.


Апхуэдэу щыпкъагъэм фӀыгъуэу къыпэкӀуэр Хьисэ Мэссихь фи гум быдэу кърилъхьэнущ, цӀыхухэм Тхьэм щӀыхьышхуэ хуащӀын икӀи ар ягъэлъэпӀэн щхьэкӀэ.


ЦӀыхухэр ӀейкӀэ къытемыпсэлъыхьын икӀи шейтӀаным и хъым имыхуэн щхьэкӀэ, члисэ зэхуэсым щымыщхэри фӀыуэ щыхьэт зыхуэхъу цӀыхуу щытын хуейщ ар.


Макъ гуэрым мыпхуэдэу къыжиӀэу, уафэм къиӀукӀыу зэхэсхащ итӀанэ: – Тхы: Иджы къыщыщӀэдзауэ Зиусхьэныр зи псэм щыщу лӀэр гъуэгу махуэ теувэнущ. – Ар пэжщ, – жеӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм. – Я Ӏуэхур загъэщӀауэ, загъэпсэхужынущ, я фӀыщӀагъэхэр ягъуэтыжынущи.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan