Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 5:22 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

22 Зиусхьэным хуэлэжьэну цӀыху гуэр бгъэувын папщӀэ, уи Ӏэхэр и щхьэм теплъхьэным ухуемыпӀэщӀэкӀ. НэгъуэщӀхэм я гуэныхьхэм уи Ӏыхьэ яхэлъ умыщӀ. Гукъабзагъэ сыт щыгъуи зигъэӀэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 5:22
18 Iomraidhean Croise  

Сыту жыпӀэмэ Уэ къурмэн ухуейкъым – сэ къурмэн пхуэсщӀынт, къурмэн гъэсынми уигу хуэкӀуэркъым.


Арати, жэщи махуи нэщӀ иса нэужь, ахэр Тхьэм елъэӀуащ, я Ӏэхэр абыхэм я щхьэм тралъхьэри, Тхьэм хуэлэжьэну ягъэкӀуащ.


Ауэ журтхэр Паул пэувыжу щыхуэхъущӀэм, и щыгъынхэр абыхэм я пащхьэм щиутхыпщӀыжри яжриӀащ: – Къуаншэр фэращи, фи къуаншагъэм пэкӀуэр фи щхьэм лъресыж! Сэ сыкъабзэщ. Хамэ лъэпкъхэм я деж сыкӀуэнущ нобэ щыщӀэдзауэ.


Аращи, зы цӀыхум илъ къызэрыстемыхуэнур нобэ шэч къытезмыхьэжу нывжызоӀэ;


Апостолхэм я пащхьэм ирагъэуващ ахэр. Апостолхэр Тхьэм елъэӀури, я Ӏэхэр абыхэм я щхьэм тралъхьащ.


ПщӀэ зимыӀэ кӀыфӀым и Ӏуэхухэм фи Ӏуэхур хэвмылъхьэ, атӀэ а Ӏуэхухэр зыхуэдэр къыщӀэвгъэщ.


Ауэ я щыпкъагъэр вгъэунэхун хуейщ япэщӀыкӀэ. Зыми зэригъэкъуэншэн лъэпкъ ябгъэдэмылъмэ, дэӀэпыкъуэгъухэм ящыщ ирехъу.


Зыми зэригъэкъуэншэн лъэпкъ зыбгъэдэмылъу, зы фыз фӀэкӀ зимыӀэу, зышыӀэныгъэрэ гулъытэрэ зиӀэу, хабзэфӀым тету, хьэщӀэхэр зыгъэлъапӀэу, цӀыхухэм щыпкъагъэр езыгъэщӀэн зылъэкӀ цӀыхуу щытын хуейщ Ӏэтащхьэр.


Ӏэтащхьэр фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуагъащӀэхэм ящыщу щыт хъунукъым. Апхуэдэу щымытмэ, зыкъыфӀэщӀыжынурэ, шейтӀаныр къуаншэ зэрыхъуам хуэдэу, ари къуаншэ хъунущ.


Уи ныбжьыщӀагъэм щхьэкӀэ, зыми нэмыплъ зрумыгъэт, ауэ псалъэхэмкӀэ, псэукӀэмкӀэ, фӀылъагъуныгъэмкӀэ, фӀэщхъуныгъэмкӀэ, гукъабзагъэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм щапхъэ яхуэхъу.


Тхьэм и нэфӀ къыпщыхуэну члисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм я Ӏэхэр къыптралъхьэурэ, уэ птеухуауэ Тхьэм езым и псалъэхэр абыхэм я гум кърилъхьэу къащыжригъэӀэм, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм лъэкӀыныгъэу къуитам узэрыхэтыным хущӀэкъу.


Аращи, си Ӏэхэр нызэрыптеслъхьамкӀэ Тхьэм лъэкӀыныгъэу къуитам и мафӀэр къызэщӀэбгъэнэн зэрыхуейр уигу къызогъэкӀыж.


Щыхьэт Ӏэджэм я пащхьэм сэ щыжысӀэу зэхэпха Ӏуэхухэр узыщыгугъ хъун цӀыхуу нэгъуэщӀхэм ахэр езыгъэщӀэн зылъэкӀынухэм, я пщэм дэлъхьэ.


цӀыхухэр яумэхъыным теухуауэ зэвгъэщӀа Ӏуэхухэр, Тхьэм и нэфӀ къащыхуэн щхьэкӀэ, цӀыхухэм фи Ӏэхэр тефлъхьэныр; лӀахэр къэтэджыжыныр, Тхьэм и хьэкуму мыкӀуэдыжыныр цӀыхухэм трищӀыхьыныр.


Абы фӀэхъус езыхым а цӀыхум илэжь Ӏуэху щӀэпхъаджэхэмкӀэ и Ӏыхьэгъу хуохъу.


Уафэм къиӀукӀыу, нэгъуэщӀ макъ гуэрым мыр жиӀэу зэхэсхащ итӀанэ: «Си цӀыхухэ, а къалэшхуэм и гуэныхьхэмкӀэ Ӏыхьэгъу фымыхъун, икӀи абы гугъуехьышхуэу ишэчынур фымышэчын щхьэкӀэ, а къалэм фыкъыдэкӀ,


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan