Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 5:21 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

21 Тхьэм, Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь, Тхьэм къыхиха мелыӀычхэм я пащхьэм быдэу унафэ щыпхузощӀ, нэкъыфӀэщӀхэм зыкъевмыгъэгъапцӀэу, зыми уримытелъхьэу мы Ӏуэху псори гъэзащӀэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 5:21
25 Iomraidhean Croise  

ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр, и мелыӀычхэр щӀыгъуу, и Адэм и щӀыхьышхуэм хуэдэ щӀыхьышхуэ иӀэу къэкӀуэжынущ. Хэти ищӀам хуэфащэ иригъэгъуэтыжынущ абы щыгъуэ.


– Пащтыхьым и сэмэгурабгъумкӀэ щытхэми яжриӀэнущ: «ФызбгъэдэкӀ фэ, Тхьэм и ней зыщыхуахэр. ШейтӀанымрэ абы и мелыӀычхэмрэ Тхьэм яхуигъэхьэзыра мыункӀыфӀыжын мафӀэм фыкӀуэ.


унафэу нывжесӀа псори ягъэзэщӀэну яхуэвгъэув. Пэж дыдэщ ар, дунейм и кӀэухым нэсыху сыт щыгъуи сывигъусэнущ сэ. Ӏэмин.


Ахэр Хьисэ еупщӀащ: – Дин егъэджакӀуэ, уэ щыпкъагъэр зэрыжыпӀэми цӀыхухэм щыпкъагъэр зэребгъащӀэми дыщыгъуазэщ. ЦӀыхухэм я фэм уемыплъу, цӀыху псори уи зэхуэдэу щытщ, щыпкъагъэм тетуи Тхьэм и гъуэгур цӀыхухэм ябогъащӀэ.


Сэрэ си псалъэхэмрэ къыттеукӀытыхь дэтхэнэми сэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр, абы сытеукӀытыхьыжынущ. Си Адэмрэ абы и мелыӀыч лъапӀэхэмрэ я щӀыхьышхуэм хуэдэ щӀыхьышхуэ сиӀэу сыкъыщыкӀуэжкӀэ сытеукӀытыхьыжынущ абы.


Аращи, иджы къыщыщӀэдзауэ мы дунейм и цӀыхухэр адрей цӀыхухэм зэреплъым хуэдэу, дэ зыми деплъыжыркъым. Апхуэдэу зэгуэрым Мэссихь деплъу щытами, иджы деплъыжыркъым.


Къуэш псоми мы тхылъым факъыхуеджэну Зиусхьэным и цӀэкӀэ унафэ ныфхузощӀ.


Тхьэуэ псоми гъащӀэ къезытым и пащхьэмрэ Мэссихь Хьисэу, Понтий Пилат зэхихыу, щыпкъагъэм щыхьэт техъуам и пащхьэмрэ лъэщу унафэ щыпхузощӀ:


А Ӏуэхухэр ягу къэгъэкӀыж. Псалъэ зэпаубыдурэ зэмыдэуэну Зиусхьэным и пащхьэм лъэщу щагурыгъаӀуэ. Зэдэуэныгъэм фӀы къыдэкӀуэркъым, абы едаӀуэхэм я зэранщ къахухэкӀыр.


Тхьэм и пащхьи, псэухэмрэ лӀахэмрэ хьэкум ятезыщӀыхьыну ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и пащхьи, Мэссихь дунейм къызэрыкӀуэжынумкӀи, абы тепщэныгъэу иӀэмкӀи быдэу унафэ ныпхузощӀ:


Ауэ уафэм къикӀ акъылыфӀагъэр, япэрауэ къабзэщ, итӀанэ зэкӀужыныгъэ хэлъщ, гущабэщ, ӀурыщӀэщ, гущӀэгъу хэлъ зэпытщ, фӀы ищӀэ зэпытщ, захуэщ, гъэпцӀагъи хэлъкъым.


Тхьэр гуэныхь зыщӀа мелыӀычхэм ящысхьакъым, атӀэ Ӏэхъулъэхъухэр ярилъхьэри, цӀыхухэм я хьэкумыр щатрищӀыхьыну къемэтмахуэм нэсыху жыхьэнмэм и кӀыфӀыгъэм хэтыну ятрилъхьащ.


Тепщэныгъэ зыщаӀэ щӀыпӀэр къэзыгъэна мелыӀычу, Тхьэм къарита щӀыпӀэм икӀахэр Тхьэм цӀыхухэм хьэкум щатрищӀыхьыну махуэшхуэм нэсыху игъащӀэкӀэ мыкӀуэдыжын Ӏэхъулъэхъухэр ярылъу кӀыфӀыгъэм хегъэт.


ари Тхьэм и губжьым и фадэ дыджым ефэнущ. А фадэу псы зыхэмытыр Тхьэм и губжьым и фалъэм хьэзыру итщ. МелыӀыч лъапӀэхэмрэ Щынэмрэ я пащхьэм мафӀэмрэ тхъуэбзащхъуэмрэ щахэту, а цӀыхум гугъуехьышхуэ ишэчынущ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan