Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 5:19 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

19 ЦӀыхуитӀ е цӀыхуищ щыхьэт темыхъумэ, члисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм ящыщ зыгуэрым зэригъэкъуаншэр умыдэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 5:19
14 Iomraidhean Croise  

КъомыдаӀуэмэ, зы цӀыху е цӀыхуитӀ зыщӀыгъуи, уи къуэшым деж кӀуэ. «ЩыхьэтитӀым е щыхьэтищым жаӀэмкӀэ дэтхэнэ псалъэри гъэщыпкъа хъунущ» итӀанэ.


Арати, Пилат Ӏэтащхьэр преторием щӀэкӀри, яжриӀащ: – Мы лӀыр сыткӀэ вгъэкъуаншэрэ?


ЦӀыхуитӀым я щыхьэтыгъэр зэрырикъунур фи Торэт хабзэми итщ.


ФӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм апхуэдэу ящӀщ, абыхэм зэхуахьэса ахъшэр Варнавэрэ Щаулрэ ӀэщӀалъхьэри, члисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм хуахьыну ягъэкӀуащ.


– Ауэ сэ абыхэм мыпхуэдэ жэуап естащ: «Ягъэкъуаншэр къедауэхэм я пащхьэм къихьэу, зэрагъэкъуаншэмкӀэ жэуап яритурэ зиухеину хуит ямыщӀмэ, апхуэдэм укӀ тралъхьэну Рим хабзэм къезэгъыркъым».


Фи деж мыр ещанэу сынокӀуэ. Абы щыгъуэ щыхьэтитӀым е щыхьэтищым къыжаӀэмкӀэ фэ фщыщ гуэр зэрывгъэкъуаншэ дэтхэнэ Ӏуэхур ягъэпэжа хъун хуейщ.


Тхьэм и нэфӀ къыпщыхуэну члисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм я Ӏэхэр къыптралъхьэурэ, уэ птеухуауэ Тхьэм езым и псалъэхэр абыхэм я гум кърилъхьэу къащыжригъэӀэм, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм лъэкӀыныгъэу къуитам узэрыхэтыным хущӀэкъу.


Члисэ зэхуэсыр фӀыуэ зезыхьэ нэхъыжьхэм щӀыхь нэхъыбэ яхуэфащэщ, псом хуэмыдэжу Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм хуаӀуатэурэ езыгъащӀэхэм.


Нэхъыжьыр зыми зэригъэкъуэншэн лъэпкъ зыбгъэдэмылъу, зы фыз фӀэкӀ зимыӀэ лӀыуэ щытын хуейщ. И бынхэми фӀэщхъуныгъэ яӀэн хуейщ. Ахэр мыхъумыщӀэ псэукӀэкӀи мыдэӀуэныгъэкӀи къуаншэ хъу хъунукъым.


Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм едэӀуэну зымыдэм щыхьэтитӀ е щыхьэтищ къыщытехъуэкӀэ, гущӀэгъу хуамыщӀу, укӀ тралъхьэу щытащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan