18 Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ: «Гуэдз щыпӀуэкӀэ, вым и жьэр зэтумыпхэ», икӀи «ЛэжьакӀуэм и лэжьапщӀэр игъуэтыпхъэщ».
Гъуэгу фыщытехьэкӀэ, хъуржыни, джанэ тӀорыкӀуэгъуи, вакъи, баши здэвмыщтэ. ЛэжьакӀуэм и шхыныр игъуэтыпхъэщи.
А унэм фыкъинэ, къыватыр фшхы икӀи ифф, лэжьакӀуэм и лэжьапщӀэр игъуэтыпхъэщи. Бысым хъуэж фщӀыурэ, зы унэм фикӀыу, адрей унэм фимыхьэ.
Тхьэм и псалъэ тхахэм Мэссихь теухуауэ зэрыхэтым хуэдэу: «Хэти езымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэр щӀегъуэжынукъым».
Тхьэр езым къыхиха лъэпкъым хуэмеиж хъуакъым. Тхьэм и псалъэ тхахэм, Иляс бегъымбарым и хъыбар зэрытым деж, жиӀэр фщӀэркъэ? Иляс бегъымбарыр израил цӀыхухэм ятеухуауэ Тхьэм и пащхьэм мыпхуэдэу жиӀэурэ щытхьэусыхащ:
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм сыт хэтыр? Мыпхуэдэу хэтщ: «Ибрэхьим ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ иӀэ хъуати, Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу илъытащ».
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ Тхьэм Мысырым и пащтыхь Фирхьэуным къызэрыжриӀар: «Пащтыхьу ущӀэзгъэувар цӀыхухэм си цӀэр дуней псом щагъэӀун, си лъэкӀыныгъэшхуэр къэбгъэнэхуэну сщӀын щхьэкӀэщ».
Апхуэдэу, хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэзыӀуатэхэм зэрыпсэун Ӏыхьэр хъыбарыфӀымкӀэ зэрагъуэтын хуейр Зиусхьэным и унафэщ.
Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ хамэ лъэпкъхэм ящыщхэми езымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зэраӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм абыхэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэнур. Апхуэдэу щыхъукӀэ, Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ,* Тхьэм Ибрэхьим хъыбарыфӀыр къызэрыжриӀар, «Лъэпкъ псоми си нэфӀ ящыхуэнущ уэ уи хьэтыркӀэ», жиӀэурэ.
Е Тхьэм и псалъэу тхахэм мыпхуэдэу зэрыхэтыр пщӀэншэу фи гугъэ: «Дэ тхэт псэр хуабжьу мэфыгъуэ»?