Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 5:12 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

12 Мэссихь ирата псалъэ быдэр зэрамыгъэзэщӀэжам щхьэкӀэ ахэр къуаншэ мэхъу.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 5:12
8 Iomraidhean Croise  

Зыгуэр мэжалӀэ хъумэ, и унэм щрешхэ, фыщызэхуэсам деж къуаншэ фымыхъун папщӀэ. СынакӀуэмэ, адрей Ӏуэхухэм я унафэр сщӀынущ.


Мэссихь и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ Тхьэуэ зи бынхэм ящыщ фыхъуну фыкъыхуезыджам и гъуэгу фытекӀыу, апхуэдэу псынщӀэу нэгъуэщӀ хъыбарыфӀу жыхуаӀэм и гъуэгу фызэрытехьар ину согъэщӀагъуэ.


Фызабэ ныбжьыщӀэхэм я цӀэхэр а тхылъым иумытхэ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ я гум хъуэпсэныгъэ къихьэмэ, я щӀыб Мэссихь къыхуагъазэу, дэкӀуэжыну яхуеинущ.


Абы нэмыщӀуи, Ӏуэху ямыщӀэу, унэрыхьэ-унэрыкӀыу къакӀухь я хабзэщ. Ӏуэху зэрамыщӀэм и закъуэкъым, атӀэ Ӏуэрвэрхэу, я Ӏуэху зыхэмылъым я Ӏуэху халъхьэу, жамыӀэпхъэр яӀуатэ.


Си къуэшхэ, фэ фщыщ куэдыӀуэ дин егъэджакӀуэ хъуным щӀремыкъу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ егъэджакӀуэхэм Тхьэм хьэкуму къыттрищӀыхьынур хьэкум нэхъ ткӀийуэ зэрыщытыр фощӀэ.


Тхьэм езым и бынхэм хьэкум трищӀыхьыну щиублэну зэманыр къэсащ. ИкӀи и хьэкумщӀэныр япэщӀыкӀэ дэркӀэ къиублэмэ, Тхьэм и хъыбарыфӀым емыдаӀуэхэм сыт къащыщӀынур?


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan