Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 5:10 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

10 зи фӀыщӀагъэхэмкӀэ цӀыхухэр щыхьэт зыхуэхъу фызабэрщ: псалъэм щхьэкӀэ, бын зыпӀауэ, хьэщӀэхэр зыгъэлъэпӀауэ, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм я лъакъуэхэр яхуэзытхьэщӀауэ, гузэвэгъуэ хэтхэм ядэӀэпыкъуауэ, фӀы щӀэным хэта фызабэрщ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 5:10
42 Iomraidhean Croise  

Къахьынщ псы тӀэкӀуи, фтхьэщӀ фи лъакъуэхэр; зыщывгъэпсэху итӀанэ мы жыг щӀагъым.


– Си зиусхьэнхэ! – жиӀащ абы, – фи унэӀутым и унэм фыныщӀыхьи, нэху фыкъыщекӀ, фтхьэщӀ фи лъакъуэхэр, нэху щымэ, фыкъэтэджынщи, фытехьэжынщ фи гъуэгум. – Хьэуэ, дэ жэщыр уэрамым щитхынщ, – жаӀащ абыхэм.


Арати, еблэгъащ ар. Лабан къатрихащ махъшэхэм уанэхэр, яритащ абыхэм хьэуазэрэ Ӏусрэ, яритащ псы а цӀыхуми, абы и гъусэ цӀыхухэми я лъакъуэхэр иратхьэщӀыну.


Исуф и унэм а цӀыхухэр щӀишэри, яхуихьащ псы, абыхэм ятхьэщӀащ я лъакъуэхэр; яритащ абыхэм я шыдхэми Ӏус.


ДзэлӀым и шабзэшэ папцӀэхэм исурэ мафӀэ дэпым хуэдэщ бзэгур.


ТалантитӀ зритами нэгъуэщӀ талантитӀ къилэжьащ.


Аращи, цӀыхухэм я пащхьэм фи нэхур щреблэ, фи фӀыщӀагъэхэр ялъагъуу, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм щӀыхь хуащӀын щхьэкӀэ.


Хьисэ и щӀыбагъкӀэ къыщыбгъэдыхьэри, апхуэдизкӀэ хуабжьу гъати, и нэпсхэмкӀэ Хьисэ и лъакъуэхэр псыф ищӀащ. Абы и щхьэцымкӀэ Хьисэ и лъакъуэхэр илъэщӀыжащ, и лъакъуэхэм ба яхуищӀащ, дагъэ лъапӀэм щыщи щихуащ.


ЦӀыхубзым дежкӀэ зигъазэри, Хьисэ Симон жриӀащ итӀанэ: – Мы цӀыхубзыр плъагъурэ? Уи унэм сыкъыщыщӀыхьэм, си лъакъуэхэр иристхьэщӀыну уэ псы къызэптакъым, ауэ мы цӀыхубзым и нэпсхэмкӀэ си лъакъуэхэр псыф ищӀри, и щхьэцымкӀэ илъэщӀыжащ.


– Дэ дыкъэзыгъэкӀуар дзэ пашэу Корнелийщ, – жаӀащ а лӀыхэм. – Ар щыпкъагъэри Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр зи гум илъу, журт лъэпкъ псоми щӀыхь зыхуащӀ цӀыхущ. И лӀыкӀуэхэм езым деж уригъашэу, жыпӀэхэм едэӀуэну мелыӀыч гуэрым унафэ къыхуищӀащ абы.


– Ананий и цӀэу Торэт хабзэм темыкӀыу тетрэ Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр и гум илъу лӀы гуэр Дамаск дэсащ. Абы журт псоми пщӀэ хуащӀырт.


Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ, ди къуэшхэ, цӀыху псоми щӀыхь хуащӀу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр икъукӀэ я гум илъу, акъылыфӀагъэ зиӀэ лӀибл фэ фщыщу къыхэфх. Мы Ӏуэхур я пщэм дэтлъхьэнщ абыхэм.


Иоппие къалэм ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыхубз гуэр, Тавифэ и цӀэу, дэст. (Тавифэм къикӀыр «Мэз бжэнщ».) Абы фӀы куэд ищӀэрт, псапэ илэжь зэпытт.


Петр къэтэджри, абыхэм я гъусэу кӀуащ. Иоппие къалэм щынэсым, унэм и етӀуанэ къатым драшеящ. Фызабэ псоми Петр къаувыхьри, Тавифэ я гъусэу щыщытам щыгъуэ абы щыгъыну идауэ хъуар гъуэгыурэ кърагъэлъэгъуащ.


Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэр зыгуэр хуэныкъуэмэ, фадэӀэпыкъу. ХьэщӀэр зэрывгъэлъэпӀэным фыхущӀэкъу.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ иджы дызэрыщытым хуэдэу дызыщӀар Тхьэращ. Мэссихь ди псэм щыщыну Тхьэм дыкъигъэщӀащ, Тхьэм къытхуигъэхьэзыра ӀуэхуфӀхэр длэжьын щхьэкӀэ.


Абы щыгъуэ Зиусхьэным и гум сыт и лъэныкъуэкӀи фрихьурэ, езым фыхуэфащэу фыпсэунущ. Фэ влэжь ӀуэхуфӀ псоми фӀыгъуэ къыдэкӀуэнущ, Тхьэри кӀуэ пэтми нэхъ фщӀэнущ.


атӀэ фӀы щӀэнымкӀэ зрагъэщӀэращӀэ, «Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ди гум илъщ», жызыӀэ цӀыхубзхэм зэрахуэфащэм хуэдэу.


Зыми зэригъэкъуэншэн лъэпкъ зыбгъэдэмылъу, зы фыз фӀэкӀ зимыӀэу, зышыӀэныгъэрэ гулъытэрэ зиӀэу, хабзэфӀым тету, хьэщӀэхэр зыгъэлъапӀэу, цӀыхухэм щыпкъагъэр езыгъэщӀэн зылъэкӀ цӀыхуу щытын хуейщ Ӏэтащхьэр.


ЦӀыхухэр ӀейкӀэ къытемыпсэлъыхьын икӀи шейтӀаным и хъым имыхуэн щхьэкӀэ, члисэ зэхуэсым щымыщхэри фӀыуэ щыхьэт зыхуэхъу цӀыхуу щытын хуейщ ар.


ФӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыхубз гуэрым и унэм фызабэхэр щӀэсмэ, ар абыхэм якӀэлъыплъын хуейщ. Члисэ зэхуэсым ахэр хьэлъэ тремыхъуэ, зи закъуэ дыдэ фызабэхэм члисэ зэхуэсыр якӀэлъыплъыфын щхьэкӀэ.


Апхуэдэу, фӀыщӀагъэхэри нэрылъагъущ. Нэрылъагъуу щымыт фӀыщӀагъэхэри щӀэуфэ хъунукъым.


ФӀы щӀэным хэтыну, фӀы щӀэнымкӀэ бей хъуну, я мылъкум щымысхьу, яӀэм щыщкӀэ нэгъуэщӀ цӀыхухэм ягуапэу етэну унафэ яхуэщӀ.


Уи фӀэщхъуныгъэ щыпкъэр си гум къокӀыж. Апхуэдэ фӀэщхъуныгъэр уи анэшхуэу Лоидэрэ уи анэ Евникэрэ я гум илъу щытащ нэхъапэм; иджы ар уи гум зэрилъым сыщогугъ.


Зыгуэрым и гур игъэкъэбзэжу, мы Ӏуэху бзаджэхэм пэӀэщӀэ зищӀмэ, хьэкъущыкъуфӀ дыдэм хуэдэ хъунущ. А цӀыхур, Зиусхьэным и ӀэмыщӀэ зрилъхьауэ, и фӀагъ Зиусхьэным иригъэкӀыурэ, фӀыщӀагъэ псоми хуэхьэзыр хъунущ.


Абы нэмыщӀ, уи сабиигъуэм къыщыщӀэдзауэ Тхьэм и псалъэ тха лъапӀэхэм хэтыр зэбгъэщӀащ. Мэссихь ХьисэкӀэ уиӀэ фӀэщхъуныгъэмкӀэ умыкӀуэду укъызэрелынур а тхылъхэм къыбгурагъэӀуэн ялъокӀ.


Тхьэм хуэлажьэ цӀыхур дэтхэнэ ӀуэхуфӀми хуэхьэзыру икӀи хуэгъэпсауэ щытынущ апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ.


Мэссихь и псэр дэр щхьэкӀэ итащ. И псэр щӀитар бзаджагъэ псоми дыхишыжу, ди щхьэхэр ищэхужын щхьэкӀэщ икӀи фӀы щӀэным дигурэ ди псэкӀи дыхэту, езым и лъэпкъ дыхъун папщӀэ, ди гур игъэкъэбзэжын щхьэкӀэщ.


ФӀы зэрыпщӀэмкӀэ нэгъуэщӀ цӀыхухэм сыт и лъэныкъэукӀи щапхъэ яхуэхъу. ГупцӀанэкӀэ, щыпкъагъэ пхэлъу, Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм ягурыгъаӀуэ.


Уи цӀыхухэм ягу къэгъэкӀыж Ӏэтащхьэхэмрэ тепщэныгъэ зиӀэхэмрэ яхуэӀурыщӀэн, едэӀуэн, фӀы щӀэн дэтхэнэми хуэхьэзырын зэрыхуейр.


Ди цӀыхухэм фӀы щӀэным зрагъэсэн хуейщ, щыщӀагъэшхуэ зиӀэхэм дэӀэпыкъуэгъу яхуэхъун щхьэкӀэ. ФӀагъ къызыпымыкӀ цӀыху иремыхъу.


А псалъэхэр пэжщ. ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр фӀы щӀэным хэтын щхьэкӀэ, а Ӏуэхухэм уи нэӀэ ину тебгъэтыну сыхуейщ. А Ӏуэхухэр фӀыщ, я фӀагъ цӀыхухэм йокӀ.


Ди гум фӀылъагъуныгъэ илъыну, фӀы щӀэнми дыхэтыну дызэрыгъэгушхуэурэ дызэкӀэлъывгъэплъыж.


ХьэщӀэр гъэлъэпӀэныр зыщывмыгъэгъупщэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ апхуэдэу цӀыху гуэрхэм ямыщӀэу мелыӀычхэр ягъэхьэщӀащ.


Тхьэр зыхуейр вгъэзэщӀэн щхьэкӀэ, фӀыуэ фызыхуэныкъуэр фи гум кърырелъхьэ. Тхьэм игъуэу илъытэ Ӏуэхухэр Хьисэ Мэссихь и лъэкӀыныгъэкӀэ фрегъэгъэзащӀэ. МыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр зейр аращ. Ӏэмин.


Тхьэр зымыщӀэхэм я пащхьэм тэрэзу фыщыпсэу. «Мы цӀыхухэр бзаджащӀэхэщ», жаӀэурэ ӀейкӀэ къыфтепсэлъыхь пэтми, фи фӀыщӀагъэхэр ялъагъунурэ, Тхьэр абыхэм къащыхэплъэну махуэм Тхьэм щӀыхьыр хуащӀынущ.


Фымытхьэусыхэу зыр зым вгъэхьэщӀэ.


ЦӀыху псори Димитрий фӀыкӀэ щыхьэт хуохъу, езы щыпкъагъэри фӀыкӀэ абы щыхьэт къыхуохъу. Дэри фӀыкӀэ щыхьэт дыхуохъу, ди щыхьэтыгъэри зэрыпэжыр уэ уощӀэ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan