1 ЛӀыжьым ухуэмыгубжь, атӀэ уи адэм еплъытэу гурыгъаӀуэ; щӀалэхэми къуэшхэм уазэрыдэгъуэгурыкӀуэм хуэдэу ядэгъуэгурыкӀуэ,
– Ауэ фэ «дин егъэджакӀуэкӀэ» зэвмыгъаджэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дин егъэджакӀуэу фиӀэ закъуэр Мэссихьщ икӀи фэ псори фызэкъуэшщ.
Паулрэ Варнаварэ дэтхэнэ члисэ зэхуэсыми нэхъыжьхэр хухахри, Тхьэм елъэӀуурэ, жэщи махуи нэщӀурэ, Зиусхьэну фӀэщхъуныгъэ зыхуаӀэ хъуам и нэӀэр къатригъэтыным хуаунэтӀащ.
Ерусалим щынэсым, члисэ зэхуэсым щыщхэми, апостолхэми, нэхъыжьхэми ахэр ирагъэблэгъащ. Тхьэм абыхэм ящӀэну ялъигъэкӀа псори хуаӀуэтэжащ.
А Ӏуэхум тепсэлъыхьын щхьэкӀэ, апостолхэри нэхъыжьхэри зэхуэсащ.
Милит къалэм дыщыдэсым Паул Ефес щыӀэ члисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэр къригъэшащ.
Аращи, цӀыху псоми яхуэфащэр ефтыж. ЦӀыхухэм тралъхьэ хьэкътынырамэ, ар ефтыж; хьэпшыпхэм тралъхьэ хьэкътынырамэ, ари ефтыж; гъэлъэпӀэныгъэрамэ, вгъэлъапӀэ; лъытэныгъэрамэ, лъытэныгъэ яхуэфщӀ.
Ди къуэшхэ, цӀыху гуэрым гуэныхь ищӀэмэ, фэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зи гум илъхэм, гущабагъэкӀэ ар гъуэгу захуэм тевгъэхьэж. Гуэныхь щӀэным зэрызыдевмыгъэхьэхыным фыхуэсакъ.
Члисэ зэхуэсыр фӀыуэ зезыхьэ нэхъыжьхэм щӀыхь нэхъыбэ яхуэфащэщ, псом хуэмыдэжу Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм хуаӀуатэурэ езыгъащӀэхэм.
цӀыхубз нэхъыжьхэми анэхэм уазэрыдэгъуэгурыкӀуэм хуэдэу ядэгъуэгурыкӀуэ, цӀыхубз ныбжьыщӀэхэми шыпхъухэм уазэрыдэгъуэгурыкӀуэм хуэдэу гукъабзагъэ псомкӀи ядэгъуэгурыкӀуэ.
ЛӀы нэхъыжьхэр ущий зашыӀэну, щӀыхь яхэлъу псэуну, гулъытэ яӀэну икӀи фӀагъ къызыпыкӀ фӀэщхъуныгъэр, фӀылъагъуныгъэр, теубыдагъэр зыхалъхьэну.
ЩӀалэхэми ягурыгъаӀуэ гулъытэ яӀэн зэрыхуейр.
Ауэ уафэм къикӀ акъылыфӀагъэр, япэрауэ къабзэщ, итӀанэ зэкӀужыныгъэ хэлъщ, гущабэщ, ӀурыщӀэщ, гущӀэгъу хэлъ зэпытщ, фӀы ищӀэ зэпытщ, захуэщ, гъэпцӀагъи хэлъкъым.
Фщыщ гуэр сымаджэмэ, члисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэр кърыреджэ. Абыхэм Зиусхьэным и цӀэкӀэ сымаджэм дагъэ щрехуи, хурелъаӀуэ,
Члисэ зэхуэсым и нэхъыжь къыфхэтхэм сыныволъэӀу. Сэри члисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм сащыщщ. Мэссихь ишэча гугъуехьхэм сращыхьэтщ, Мэссихь и щӀыхьышхуэ къэкӀуэнумкӀи Ӏыхьэ сиӀэнущ. СызэрынывэлъэӀур мыращ:
Сэ члисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм сащыщщ, Тхьэм и нэфӀ зыщыхуа уэ гуащэ лъапӀэм, пэжыгъэкӀэ фӀыуэ слъагъу уи бынхэм мы тхылъыр ныфхузотх. Фэ фӀыуэ фызылъагъур сэ си закъуэкъым, щыпкъагъэр зэзыгъэщӀа псоми фӀыуэ фалъагъу.
Сэ члисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм сащыщщ, пэжыгъэкӀэ фӀыуэ слъагъу уэ, Гай лъапӀэм, мы тхылъыр ныпхузотх.
Тахътэм ихъуреягъкӀэ къеувэкӀауэ нэгъуэщӀ тахътэ тӀощӀрэ плӀырэ щытт. Тхьэмадэ нэхъыжьу цӀыху тӀощӀрэ плӀырэ щыгъын хужьхэр ящыгъыу, дыщэм къыхэщӀыкӀа тажхэр ящхьэрыгъыу слъэгъуащ а тахътэхэм ису.