Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 4:6 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр6 Мы Ӏуэхухэр ди къуэшхэм ягурыбгъаӀуэмэ, фӀэщхъуныгъэм и псалъэхэмкӀи ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ, узытет ӀуэхуфӀхэмкӀи лъэкӀыныгъэ зэбгъэгъуэтурэ, Хьисэ Мэссихь фӀыуэ хуэлажьэхэм уащыщщ итӀанэ. Faic an caibideil |
Тимофей фи деж нэдгъэкӀуащ. Ар ди къуэшщ, Тхьэм хуолажьэ, Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэтӀуэтэн ӀуэхумкӀэ къыддоӀэпыкъу. Ар фи деж ныщӀэдгъэкӀуар мы гузэвэгъуэхэм фэ фщыщ зыри гъуэгу захуэм трамыгъэкӀын щхьэкӀэ фигухэр игъэбыдэн икӀи фи фӀэщхъуныгъэм фытетыну фигъэгушхуэн щхьэкӀэщ. Апхуэдэ гузэвэгъуэхэм даӀууэн хуейуэ зэрыщытыр фэ фощӀэ.