5 Тхьэм и псалъэхэмкӀи Тхьэм узэрелъэӀумкӀи ар къабзэ мэхъу.
Арати, къигъэщӀащ Тхьэм хьэкӀэкхъуэкӀэхэри езыхэм я лъэпкъыу, Ӏэщ лъэпкъхэри, щӀылъэм къыщызыпщыхь хьэпщхупщхэри езыхэм я лъэпкъыу. Илъэгъуащ Тхьэм ар зэрыфӀыр.
Илъэгъуащ Тхьэм Езым къигъэщӀа псори, икӀи ар икъукӀэ фӀыщ. Жэщ хъуащ, нэху щащ: ар еханэ махуэт.
Фи фалъэхэмрэ фи лагъэхэмрэ я кӀуэцӀым илъыр тхьэмыщкӀэхэм ефти, псори къабзэ хъунущ фэркӀэ.
Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ, – жриӀащ Хьисэ шейтӀаным, – «ЩӀакхъуэ къудейкъым цӀыхур зэрыпсэунур, атӀэ дэтхэнэ псалъэу Тхьэм къыбгъэдэкӀырщ».
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фӀэщхъуныгъэ зимыӀэ лӀыр фызым и хьэтыркӀэ Тхьэм ейщ. Апхуэдэуи, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэ фызри лӀым и хьэтыркӀэ Тхьэм ейщ. Армыхъумэ фэ фи бынхэр мыкъабзэу хъунт, ауэ иджы ахэри Тхьэм ейщ.
Къэшэныгъэ-дэкӀуэныгъэмрэ шхыныгъуэ гуэрхэр пшхынымрэ мыхъумыщӀэ Ӏуэхуу щытхэу а пцӀыупсхэм цӀыхухэм жраӀэ. Ауэ Тхьэм а шхыныгъуэхэр къигъэщӀащ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэу, щыпкъагъэр зыщӀэхэм, Тхьэм фӀыщӀэ хуащӀурэ, ахэр яшхын щхьэкӀэ,
Зигу къабзэ цӀыхухэм я дежкӀэ псори къабзэ мэхъу, ауэ зигу мыкъабзэ цӀыхухэм я дежкӀи, ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм я дежкӀи къабзэ зыри щыӀэкъым. Я акъылри ныкъуэщ. Ягухэми ери фӀыри зэхагъэкӀыфыркъым.
ФӀэщхъуныгъэ зэрыдиӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм и псалъэкӀэ дунейр къызэригъэщӀар зэхыдощӀыкӀ. Аращи, цӀыхум и нэкӀэ илъагъур и нэкӀэ имылъагъум къыхэкӀащ.