Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 4:4 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

4 сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм къигъэщӀа псори фӀыщ. Тхьэм фӀыщӀэ хуэпщӀурэ къабыл пщӀымэ, зыри хэбдзыж хъунукъым.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 4:4
15 Iomraidhean Croise  

Илъэгъуащ Тхьэм Езым къигъэщӀа псори, икӀи ар икъукӀэ фӀыщ. Жэщ хъуащ, нэху щащ: ар еханэ махуэт.


А макъым Петр къыжриӀащ етӀуанэу: – Тхьэм хьэлэлу икӀи шхыпхъэу жыхуиӀар уэ хьэрэму умылъытэ.


ЦӀыхухэм тхьэ нэпцӀхэм хуаукӀа къурмэныпхъэм и лым, лъым, ятхьэла псэущхьэхэм я лым, зинэ щӀэным пэӀэщӀэ зыфщӀ. Фэ къыващӀэну фызыхуэмейр нэгъуэщӀхэм евмыщӀэ! А Ӏуэхухэм пэӀэщӀэ зыфщӀымэ, фӀы фощӀэ. Узыншэу фыщыт!»


Ауэ хамэ лъэпкъхэм ящыщу ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуахэм ятеухуауэ ущӀэупщӀэмэ, абыхэм дэ зэдэтщта Ӏуэхур тхылъкӀэ зэредгъэщӀэгъам хуэдэу, цӀыхухэм тхьэ нэпцӀхэм хуащӀа къурмэныпхъэм и лым, лъым, ятхьэла псэущхьэхэм я лым, зинэ щӀэным пэӀэщӀэ защӀын хуейщ.


Зиусхьэну Хьисэ си псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ шхын гуэр зэрымыхьэрэмыр сощӀэ, фӀэкӀыпӀэ имыӀэуи си фӀэщ мэхъу. Ауэ зыгуэрым хьэрэму илъытэмэ, езымкӀэ хьэрэм мэхъу.


Шхыным щхьэкӀэ Тхьэм и Ӏуэхур умыгъэкӀуэд. Шхын псори хьэлэлщ, ауэ уэ пшхы шхынымкӀэ зыгуэрым и гъуэгум зыгъэлъэпэрэпэн мывэ теплъхьэмэ, гуэныхь мэхъу.


Махуэ гуэр зыгъэлъапӀэм Зиусхьэным лъытэныгъэ хуищӀыну а махуэр егъэлъапӀэ. ЗымыгъэлъапӀэми Зиусхьэным лъытэныгъэ хуищӀыну апхуэдэу ещӀ. Сыт ищӀысри зышхми Зиусхьэным лъытэныгъэ хуищӀыну ешх, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ишхым щхьэкӀэ Тхьэм фӀыщӀэ хуещӀ. Мышхэр Зиусхьэным лъытэныгъэ хуищӀын щхьэкӀэщ щӀэмышхэр, абыи Тхьэм фӀыщӀэ хуещӀ.


«Сыт ищӀысри тщӀэну дыхуитщ», жаӀэ цӀыхухэм. Ар пэжщ, ауэ Ӏуэху псори дэӀэпыкъуэгъу къытхуэхъуркъым. Сыт ищӀысри тщӀэну дыхуитщ, ауэ псоми я фӀагъ къыдэкӀыркъым.


Гурыщхъуэ фымыщӀэу бэзэрым щащэ псори фшхы.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, «ЩӀылъэри щӀылъэм тет псори Зиусхьэным ейщ».


Тхьэм фӀыщӀэ хуэсщӀу зыгуэр сшхымэ, зэрысшхымкӀэ цӀыхухэм сыт сыщӀагъэкъуэншэн хуейр?


Къэшэныгъэ-дэкӀуэныгъэмрэ шхыныгъуэ гуэрхэр пшхынымрэ мыхъумыщӀэ Ӏуэхуу щытхэу а пцӀыупсхэм цӀыхухэм жраӀэ. Ауэ Тхьэм а шхыныгъуэхэр къигъэщӀащ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэу, щыпкъагъэр зыщӀэхэм, Тхьэм фӀыщӀэ хуащӀурэ, ахэр яшхын щхьэкӀэ,


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan