Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 4:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 Къэшэныгъэ-дэкӀуэныгъэмрэ шхыныгъуэ гуэрхэр пшхынымрэ мыхъумыщӀэ Ӏуэхуу щытхэу а пцӀыупсхэм цӀыхухэм жраӀэ. Ауэ Тхьэм а шхыныгъуэхэр къигъэщӀащ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэу, щыпкъагъэр зыщӀэхэм, Тхьэм фӀыщӀэ хуащӀурэ, ахэр яшхын щхьэкӀэ,

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 4:3
30 Iomraidhean Croise  

Псэууэ зекӀуэ псори фхуэхъунущ шхын; удз щхъуантӀэр зэрывэстам хуэдэу фызот ахэр фэ.


Хьисэ цӀыху гупышхуэхэм яжриӀащ удзыпцӀэм хэтӀысхьэну. ЩӀакхъуитхумрэ бдзэжьеитӀымрэ къищтэщ, уафэм дэплъейри, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀащ. ЩӀакхъуэхэр зэгуищӀыкӀыурэ, и гъуэгу ирикӀуэхэм яритащ итӀанэ; абыхэм цӀыху гупышхуэхэм хуагуэшащ.


ЦӀыхур мыкъабзэ зыщӀыр и жьэм къыжьэдыхьэр аракъым, атӀэ жьэм къыжьэдэкӀырщ.


ШӀакхъуиблымрэ бдзэжьейхэмрэ къищтэри, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀащ. ЩӀакхъуэхэр зэгуищӀыкӀри, и гъуэгу ирикӀуэхэм яритащ итӀанэ. Абыхэми цӀыхухэм хуагуэшащ.


Абыхэм я гъусэу шхэну Ӏэнэм пэрытӀысхьэри, Хьисэ щӀакхъуэр къищтащ. Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀщ, зэгуищӀыкӀри яритащ.


Абы хэту, Зиусхьэн Хьисэ Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀа нэужь, цӀыхухэм щӀакхъуэхэр щашха щӀыпӀэм и гъунэгъуу, Тивериадэ къалэм къикӀыу нэгъуэщӀ кхъуафэжьейхэр къесылӀащ.


Паул апхуэдэу жиӀа нэужь, щӀакхъуэ къищтэщ, псоми я пащхьэм, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀурэ, щӀакхъуэр щызэгуищӀыкӀри, ишхыу щӀидзащ.


Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и Ӏуэхухэр зытеухуар шхэнымрэ ефэнымрэкъым, атӀэ щыпкъагъэ, гузэгъэгъуэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм деж къикӀ гуфӀэгъуэр аращ.


Шхэм мышхэр зэримыпэсу хъунукъым. Мышхэми шхэр игъэкъуаншэ хъунукъым, Тхьэм а цӀыхури идащи.


Махуэ гуэр зыгъэлъапӀэм Зиусхьэным лъытэныгъэ хуищӀыну а махуэр егъэлъапӀэ. ЗымыгъэлъапӀэми Зиусхьэным лъытэныгъэ хуищӀыну апхуэдэу ещӀ. Сыт ищӀысри зышхми Зиусхьэным лъытэныгъэ хуищӀыну ешх, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ишхым щхьэкӀэ Тхьэм фӀыщӀэ хуещӀ. Мышхэр Зиусхьэным лъытэныгъэ хуищӀын щхьэкӀэщ щӀэмышхэр, абыи Тхьэм фӀыщӀэ хуещӀ.


«Шхыныр ныбэм щхьэкӀэ щыӀэщ, ныбэри шхыным щхьэкӀэщ щӀыщыӀэр», жаӀэ цӀыхухэм. Ари пэжщ, ауэ Тхьэм тӀури игъэкӀуэдынущ. Пкъыр зинэ щӀэным щхьэкӀэ щыӀэкъым, атӀэ Зиусхьэным щхьэкӀэщ. Зиусхьэнри пкъым щхьэкӀэщ щӀыщыӀэр.


Ауэ къапшэмэ, абыкӀэ гуэныхь пщӀауэ хъуркъым; хъыджэбз гуэри дэкӀуэмэ, абыкӀэ гуэныхь ищӀауэ хъуркъым. Къэзышэ-дэкӀуэхэри мы дуней хьэзабым хэтынущ, ар фэ къыфщыщӀынуи сыхуейкъым.


Ерыскъым Тхьэм нэхъ гъунэгъу дыхуищӀыркъым. Тшхыми, и фӀагъ къыдэкӀыркъым, дымышхми, и ягъэ къыдэкӀыркъым.


Аращи, фшхымрэ фызэфэмрэ теухуауэ, махуэшхуэ махуэр, мазэщӀэ махуэшхуэр, зыщыдгъэпсэху махуэр ягъэлъэпӀэнымкӀэ хьэкум къыфтрищӀыхьыну зыри хуит фымыщӀ.


Зиусхьэн Хьисэ и цӀэкӀэ Тхьэуэ Адэ лъапӀэм фӀыщӀэ хуэфщӀурэ, сыт фщӀэми, сыт къыжыфӀэми, Хьисэ и цӀэкӀэ ар фщӀэ.


ЦӀыху псори мыкӀуэду къригъэлыну икӀи щыпкъагъэр ящӀэну хуейщ ар.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм къигъэщӀа псори фӀыщ. Тхьэм фӀыщӀэ хуэпщӀурэ къабыл пщӀымэ, зыри хэбдзыж хъунукъым.


Аращи, фызабэ ныбжьыщӀэхэр дэкӀуэжыну, быни къащӀэхъуэну, я унагъуэри зэрахьэну, я жагъуэгъу шейтӀаныр абыхэм ӀейкӀэ ятепсэлъыхьыну Ӏэмал ирамыгъэгъуэтыну сыхуейщ.


Нэчыхьыр цӀыху псоми ирегъэлъапӀэ, лӀымрэ фызымрэ я пӀэр къабзэу щрет. Тхьэм зинэщӀэхэр игъэкъуэншэнущ.


Ӏуэху гъэщӀэгъуэн зэхуэмыдэу цӀыхухэм адрейхэр зрагъаджэхэм зыдевмыгъэхьэх. Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ фигухэр вгъэбыдэмэ, фӀыщ, ауэ шхыныгъуэхэм теухуа унафэхэм пщӀэ яӀэкъым. А унафэхэм ятету ирикӀуэ цӀыхухэм абыхэм я фӀагъ ирагъэкӀакъым.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan