Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 4:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 Жин бзаджэхэм цӀыхухэм ирагъащӀэ Ӏуэхухэр къызыпкърыкӀыр напитӀ зиӀэ пцӀыупсхэр арщ. ФӀыри ери зэхадзын ялъэмыкӀыжыну, гъущӀ дамыгъэтедзэ плъамкӀэ хагъэсыкӀам хуэдэу, апхуэдэ цӀыхухэм ягухэр щытынущ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 4:2
18 Iomraidhean Croise  

Мэссихь нэпцӀхэмрэ бегъымбар нэпцӀхэмрэ къежьэнущи. Абыхэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэнхэри Ӏуэху телъыджэхэри къагъэлъагъунущ, Тхьэм къыхиха цӀыхухэри ягъэпцӀэн мурадкӀэ, ялъэкӀмэ.


– Бегъымбар нэпцӀхэм фахуэсакъ. Абыхэм мэл Ӏэсафэ зытрагъауэ, ауэ ягукӀэ дыгъужь хъунщӀакӀуэхэм хуэдэу фи деж къокӀуэ.


ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ фэри къыфхэкӀынущ гъуэгу пхэнжым фытрагъэхьэн щхьэкӀэ, щыпкъагъэр зэхъуэкӀыным хэтхэр.


Абы нэмыщӀу, Тхьэр ящӀэну зэрамыдам щхьэкӀэ, емыкӀу Ӏуэхухэр ящӀэну акъыл пхэнж яӀэу Тхьэм ахэр къигъэнащ.


Апхуэдэ цӀыхухэр зыхуэлажьэр ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихькъым, зыхуэлажьэр я ныбэхэр аращ. ГъафӀэбзэрэ псалъэ дыгъэлкӀэ цӀыху къызэрыгуэкӀхэр дахьэх.


Толъкъунхэм адэ-мыдэкӀэ дызэрадзэу, сабийм дыхуэдэжынкъым итӀанэ, цӀыху гуэрхэм адрей цӀыхухэм ирагъащӀэ хъыбархэм я жьыбгъэ псоми дызэрахуэжыфынукъым. Адрей цӀыхухэр дэшэхыным хуэӀэзэ цӀыхухэм я пцӀыр къытхэзэгъэжынукъым итӀанэ.


Гулъытэ ямыӀэу, мыхъумыщӀэ псэукӀэм зратащ абыхэм, загъэнщӀыни ялъэмыкӀыу, сыт хуэдэ мыкъабзэныгъэми хэтщ.


Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ягу илъ хуэдэу зыкъагъэлъагъуэнущ, ауэ Тхьэм и лъэкӀыныгъэр ядэнукъым. Апхуэдэ цӀыхухэм пэӀэщӀэ зыщӀ.


Нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр къэзыгъэлъагъуэ жин бзаджэщ ахэр. ЛъэкӀыныгъэшхуэ псори зиӀэ Тхьэм и махуэшхуэм щыгъуэ зэуэну, дуней псом я пащтыхьхэм я деж кӀуэурэ, ахэр зэхуашэс.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan