Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 4:16 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

16 Зыхуэсакъыж, цӀыхухэм ебгъащӀэ Ӏуэхухэми яхуэсакъ. А Ӏуэхухэм уи нэӀэ сыт щыгъуи ятегъэт. Апхуэдэу пщӀэмэ, къодаӀуэ цӀыхухэр мыкӀуэду къебгъэлынущ, уэ уи щхьэри мыкӀуэду къебгъэлынущ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 4:16
38 Iomraidhean Croise  

Ауэ фэ фызыхуэсакъыж. Тхьэмадэ хасэхэм фрашэлӀэнущ, синэгуэгухэми щӀопщкӀэ къыщывэуэнущ. Си гъуэгу фызэрырикӀуэм щхьэкӀэ, Ӏэтащхьэхэмрэ пащтыхьхэмрэ я пащхьэм, хъыбарыфӀым щыхьэт фытехъуэн щхьэкӀэ фиувэнущ.


– Ефэ-ешхэнымкӀи, удэфэнымкӀи, мы дунейм и гугъуехьхэмкӀи фи щхьэр зэрызэӀывмыгъэхьэнми фыхуэсакъ. Ар мыхъумэ, а махуэр фымыщӀэххэу къыфепсыхэнущ.


ИтӀани нобэр къыздэсым Тхьэр дэӀэпыкъуэгъу къысхуэхъуурэ, цӀыкӀуми инми я пащхьэм щыпкъагъэм щыхьэт сыщытохъуэ. Бегъымбархэмрэ Мусэ бегъымбарымрэ къэхъун хуейуэ жыхуаӀа Ӏуэхухэм фӀэкӀа сытепсэлъыхьыркъым:


Тхьэм елъэӀунми Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр щӀэгъэдэӀунми зэпымыууэ дыхэтынущ дэ.


Си Ӏуэхур щӀэзгъэлъапӀэр си лъэпкъым щыщхэр фэ хамэ лъэпкъхэм къывэзгъэфыгъуэну икӀи абыхэм ящыщ зы гуп мыкӀуэду Тхьэм къригъэлыну арщ.


Си къуэшхэ, ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ Ӏуэхухэм къыпэувурэ, фызэгурызымыгъаӀуэу, адрей цӀыхухэр гъуэгу захуэм тезыгъэкӀхэм защыфхъумэну сыныволъэӀу. Абыхэм пэӀэщӀэ зыфщӀ.


ФӀы щӀэным хэт зэпыту щӀыхьышхуэм, лъытэныгъэшхуэм, мылӀэныгъэм я ужь итхэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ яритынущ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и акъылыфӀагъэкӀэ зэриухам тету, мы дунейм и цӀыхухэм я акъылыфӀагъэу жыхуаӀэмкӀэ Тхьэр зыхуэдэр ящӀакъым, ауэ дэ цӀыхухэм яхуэтӀуатэ хъыбарыфӀу абыхэм делагъэу къафӀэщӀымкӀэ МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр мыкӀуэду къригъэлыну Тхьэм игъуэу илъытащ.


ФӀэщхъуныгъэ мащӀэ зиӀэхэм си фӀагъ езгъэкӀын щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэ мащӀэ зиӀэхэм хуэдэу зысщӀащ. Лъэныкъуэ псомкӀи цӀыху псоми хуэдэу зысщӀащ, нэгъуэщӀ мыхъуми, цӀыху гуэрхэр мыкӀуэду къелын щхьэкӀэ.


Си пкъым гугъуехь изогъэшэч икӀи согъэдаӀуэ, адрей цӀыхухэм хъыбарыфӀыр яхуэсӀуэта нэужь, Тхьэм лъэныкъуэ сримыгъэзын папщӀэ.


Толъкъунхэм адэ-мыдэкӀэ дызэрадзэу, сабийм дыхуэдэжынкъым итӀанэ, цӀыху гуэрхэм адрей цӀыхухэм ирагъащӀэ хъыбархэм я жьыбгъэ псоми дызэрахуэжыфынукъым. Адрей цӀыхухэр дэшэхыным хуэӀэзэ цӀыхухэм я пцӀыр къытхэзэгъэжынукъым итӀанэ.


«Зиусхьэным уи пщэм къыдилъхьа Ӏуэхур гъэзащӀэ», жыфӀи, Архипп схужефӀэж.


Хамэ лъэпкъхэр мыкӀуэду Тхьэм къригъэлын щхьэкӀэ, хъыбарыфӀыр щахуэтӀуатэм, къытпэувыну хэтащ. Апхуэдэу я гуэныхьхэм я бжыгъэр и кӀэм нэс ягъэбагъуэурэ, зэтралъхьэ зэпытщ. Ауэ Тхьэм и губжьыр икӀэм-икӀэжым къатехуащ.


Сэ Македоние хэкум сыщыкӀуам, уэ сынызэролъэӀуам хуэдэу, цӀыхухэм Ӏуэху пхэнжхэр ирамыгъэщӀэну, шыпсэхэми, гъунэ зимыӀэ унагъуэ лъэпкъ зэтепщӀыкӀхэми япымылъыну цӀыху гуэрхэм унафэ яхуэпщӀын щхьэкӀэ, Ефес къалэм къыдэнэ. Апхуэдэ Ӏуэхухэм узыхуашэр зэныкъуэкъуныгъэщ. Тхьэм и мурадым техуэркъым а Ӏуэхухэр. Тхьэм и мурадыр зэщӀа зэрыхъунур фӀэщхъуныгъэм и гъугукӀэщ.


Мы Ӏуэхухэм я ужь ит, ар япэ зэрибгъэщыр цӀыху псоми нахуэ ящыхъун щхьэкӀэ, плъэкӀ къыумыгъанэ.


Мы Ӏуэхухэр ди къуэшхэм ягурыбгъаӀуэмэ, фӀэщхъуныгъэм и псалъэхэмкӀи ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ, узытет ӀуэхуфӀхэмкӀи лъэкӀыныгъэ зэбгъэгъуэтурэ, Хьисэ Мэссихь фӀыуэ хуэлажьэхэм уащыщщ итӀанэ.


Абы къыхэкӀкӀэ, Тхьэм къыхиха цӀыхухэм си фӀагъ езгъэкӀын щхьэкӀэ, шыӀэныгъэкӀэ гугъуехь псори сошэч. Апхуэдэу, Мэссихь Хьисэ я псэм зэрыщыщым папщӀэ ахэри мыкӀуэду къелынущ, мыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэ яӀэ хъунущ.


Уэ зэбгъэщӀа, узыщыгугъ Ӏуэхухэм сыт щыгъуи тет, ахэр зэхозыгъэщӀыкӀа цӀыхухэр уощӀэри.


Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм егъащӀэ, игъуэу щыщытми щыщымытми ахэр ебгъэщӀэным хэт. ЯгурыгъаӀуэ, егъэдэӀуэ, ущий, шыӀэныгъэ псомкӀи щыпкъагъэр егъащӀэ.


Ӏуэху пэжу фэдгъэщӀахэм быдэу тетын хуейщ. Апхуэдэмэ, ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ, дызыщыгугъ хъуну ӀуэхухэмкӀэ цӀыхухэр игъэгушхуэн лъэкӀынущ абы, а Ӏуэхухэм пэув цӀыхухэми зэрымызахуэр ягуригъэӀуэн лъэкӀынущ.


А Ӏуэхухэращ цӀыхухэм ебгъэщӀэн хуейр. Тепщэныгъэу уиӀэ псомкӀи цӀыхухэр гъэгушхуэ икӀи абыхэм яущие. Зыми нэмыплъ зрумыгъэт.


ФӀы зэрыпщӀэмкӀэ нэгъуэщӀ цӀыхухэм сыт и лъэныкъэукӀи щапхъэ яхуэхъу. ГупцӀанэкӀэ, щыпкъагъэ пхэлъу, Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм ягурыгъаӀуэ.


Сэ сы-Паулщ, щӀыхуэр сэ уэстыжынщ, си ӀэкӀэ сотх, ауэ Мэссихь уи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ си щӀыхуэ уэ зэрыптелъыр ныбжесӀэн хуейкъым.


Фэ фщыщ зыми Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм зэрызыхимыгъэныным фыхуэсакъ. Зи зэран къакӀуэ лъабжьэ дыджу, цӀыху куэдыр зыгъэуфӀейр къыфхремыкӀ.


Ӏуэху гъэщӀэгъуэн зэхуэмыдэу цӀыхухэм адрейхэр зрагъаджэхэм зыдевмыгъэхьэх. Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ фигухэр вгъэбыдэмэ, фӀыщ, ауэ шхыныгъуэхэм теухуа унафэхэм пщӀэ яӀэкъым. А унафэхэм ятету ирикӀуэ цӀыхухэм абыхэм я фӀагъ ирагъэкӀакъым.


Гъуэгу пхэнжым тет гуэныхьыщӀэ цӀыхур гъуэгу захуэм тезыгъэхьэж дэтхэнэми адрейр ажалым къыӀэщӀишыжынурэ, гуэныхь куэди къыхуэгъужынущ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan