Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 4:15 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

15 Мы Ӏуэхухэм я ужь ит, ар япэ зэрибгъэщыр цӀыху псоми нахуэ ящыхъун щхьэкӀэ, плъэкӀ къыумыгъанэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 4:15
26 Iomraidhean Croise  

Ар зыгъэгуфӀэр Зиусхьэным и хабзэщ, Абы и хабзэм жэщи махуи йогупсыс ар.


ЖиӀати, мацӀи хьэпщхупщи бжыгъэ ямыӀэу къэкӀуащ;


Уэ къыхэпха цӀыхухэм щыӀэкӀэфӀу яӀэр слъагъуну, уи цӀыху лъэпкъым и гуфӀэгъуэр си гуфӀэгъуэу, Уэ уи уней цӀыхухэм срагъусэу уи щӀыхь къэсӀэтыну.


Зиусхьэн! Уи уафэхэр къэӀуби, къех! ЯтеӀэби къущхьэхэм, ахэр зэщӀищтэнщ Ӏугъуэм;


Къос ди Тхьэр, Абы зиущэхуркъым: Абы и пэ итщ мафӀэлыгъейр, жьыбгъэшхуэр къещӀэкӀащ Абы.


Гухэлъ бзаджэкӀэ зэрогъэгушхуэ; ЗэрогъэӀущ лъахъэхэр ягъэпщкӀуну; жаӀэ: «Хэт зылъагъунур?»


Мысыр щӀыгум ит Цоан губгъуэм, я адэжьхэм ялъагъуу, Абы телъыджащэхэр къыщигъэлъэгъуащ;


Аращи, цӀыхухэм я пащхьэм фи нэхур щреблэ, фи фӀыщӀагъэхэр ялъагъуу, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм щӀыхь хуащӀын щхьэкӀэ.


Тхьэм елъэӀунми Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр щӀэгъэдэӀунми зэпымыууэ дыхэтынущ дэ.


Си къуэшхэ, зыгуэркӀэ сыныволъэӀу. ЗэрыфщӀэщи, Ахаие хэкум ис цӀыхухэм щыщу Стефан и унагъуэр арщ япэу фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуар. Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм ядэӀэпыкъуным зратащ абыхэм.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэн Хьисэр лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжа Тхьэм дэри Хьисэ ди псэм щыщу дыкъигъэтэджыжу, фэ дывигъусэу езым и пащхьэм дызэрыригъэувэнур дощӀэ.


Дазэрыщыгугъа къудейкъым къатар, атӀэ япэщӀыкӀэ Зиусхьэным и ӀэмыщӀэ зралъхьэри, итӀанэ Тхьэр зэрыхуейм тету ди ӀэмыщӀэ зыкъралъхьэжащ.


Тхьэм и нэфӀ къыпщыхуэну члисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм я Ӏэхэр къыптралъхьэурэ, уэ птеухуауэ Тхьэм езым и псалъэхэр абыхэм я гум кърилъхьэу къащыжригъэӀэм, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм лъэкӀыныгъэу къуитам узэрыхэтыным хущӀэкъу.


Зыхуэсакъыж, цӀыхухэм ебгъащӀэ Ӏуэхухэми яхуэсакъ. А Ӏуэхухэм уи нэӀэ сыт щыгъуи ятегъэт. Апхуэдэу пщӀэмэ, къодаӀуэ цӀыхухэр мыкӀуэду къебгъэлынущ, уэ уи щхьэри мыкӀуэду къебгъэлынущ.


Мы Ӏуэхухэр ди къуэшхэм ягурыбгъаӀуэмэ, фӀэщхъуныгъэм и псалъэхэмкӀи ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ, узытет ӀуэхуфӀхэмкӀи лъэкӀыныгъэ зэбгъэгъуэтурэ, Хьисэ Мэссихь фӀыуэ хуэлажьэхэм уащыщщ итӀанэ.


Мэссихь и псэр дэр щхьэкӀэ итащ. И псэр щӀитар бзаджагъэ псоми дыхишыжу, ди щхьэхэр ищэхужын щхьэкӀэщ икӀи фӀы щӀэным дигурэ ди псэкӀи дыхэту, езым и лъэпкъ дыхъун папщӀэ, ди гур игъэкъэбзэжын щхьэкӀэщ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan