Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 4:14 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

14 Тхьэм и нэфӀ къыпщыхуэну члисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм я Ӏэхэр къыптралъхьэурэ, уэ птеухуауэ Тхьэм езым и псалъэхэр абыхэм я гум кърилъхьэу къащыжригъэӀэм, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм лъэкӀыныгъэу къуитам узэрыхэтыным хущӀэкъу.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 4:14
18 Iomraidhean Croise  

ФӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм апхуэдэу ящӀщ, абыхэм зэхуахьэса ахъшэр Варнавэрэ Щаулрэ ӀэщӀалъхьэри, члисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм хуахьыну ягъэкӀуащ.


Арати, жэщи махуи нэщӀ иса нэужь, ахэр Тхьэм елъэӀуащ, я Ӏэхэр абыхэм я щхьэм тралъхьэри, Тхьэм хуэлэжьэну ягъэкӀуащ.


Паул и Ӏэхэр щатрилъхьэм, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къахуехри, ямыщӀэ бзэхэмкӀэ къепсэлъащ. Тхьэм и псалъэхэр ягухэм кърилъхьэурэ, ахэр къажригъэӀащ.


Ар зэрыпэжымкӀэ дин пашэшхуэри Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщ псори щыхьэт къысхуэхъуфынущ. Абыхэм Дамаск дэс журт къуэшхэм тхылъхэр хуатхри къызатащ. ИтӀанэ Дамаск сыкӀуэну гъуэгу сытетт, а гъуэгум ирикӀуэхэм Ӏэхъулъэхъу ярылъу Ерусалим къезгъашэу ди пашэхэм абыхэм тезыр ятрезгъэлъхьэн щхьэкӀэ.


Апостолхэм я пащхьэм ирагъэуващ ахэр. Апостолхэр Тхьэм елъэӀури, я Ӏэхэр абыхэм я щхьэм тралъхьащ.


Апхуэдэу щыхъум, Петррэ Иуанрэ я Ӏэхэр абыхэм тралъхьэри, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр а фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я гум илъ хъуащ.


Си къуэ Тимофей, Тхьэм езым и псалъэу уэ къыптеухуауэ цӀыху гуэрхэм я гум кърилъхьэу къажригъэӀахэм тету мы унафэр ныпхузощӀ. А псалъэхэм тету зауэлӀыр фӀыуэ зэрызауэм хуэдэу,


Мы Ӏуэхухэм я ужь ит, ар япэ зэрибгъэщыр цӀыху псоми нахуэ ящыхъун щхьэкӀэ, плъэкӀ къыумыгъанэ.


Члисэ зэхуэсыр фӀыуэ зезыхьэ нэхъыжьхэм щӀыхь нэхъыбэ яхуэфащэщ, псом хуэмыдэжу Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм хуаӀуатэурэ езыгъащӀэхэм.


ЦӀыхуитӀ е цӀыхуищ щыхьэт темыхъумэ, члисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм ящыщ зыгуэрым зэригъэкъуаншэр умыдэ.


Зиусхьэным хуэлэжьэну цӀыху гуэр бгъэувын папщӀэ, уи Ӏэхэр и щхьэм теплъхьэным ухуемыпӀэщӀэкӀ. НэгъуэщӀхэм я гуэныхьхэм уи Ӏыхьэ яхэлъ умыщӀ. Гукъабзагъэ сыт щыгъуи зигъэӀэ.


ФӀэщхъуныгъэм фӀыуэ хущӀэкъу. МыкӀуэдыжын гъащӀэ зэгъэгъуэт; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ щыхьэт куэдым я пащхьэм фӀэщхъуныгъэ узэриӀэм фӀыуэ щыхьэт ущыщытехъуэм, а мыкӀуэдыжын гъащӀэр бгъуэтыну Тхьэм укъыхуриджащ.


Аращи, си Ӏэхэр нызэрыптеслъхьамкӀэ Тхьэм лъэкӀыныгъэу къуитам и мафӀэр къызэщӀэбгъэнэн зэрыхуейр уигу къызогъэкӀыж.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan