Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 4:12 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

12 Уи ныбжьыщӀагъэм щхьэкӀэ, зыми нэмыплъ зрумыгъэт, ауэ псалъэхэмкӀэ, псэукӀэмкӀэ, фӀылъагъуныгъэмкӀэ, фӀэщхъуныгъэмкӀэ, гукъабзагъэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм щапхъэ яхуэхъу.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 4:12
19 Iomraidhean Croise  

– Фысакъ, мы цӀыкӀухэм ящыщ зыри нэмыплъ евмыт; сэ нывжызоӀэ, мы цӀыкӀухэм я мелыӀыч уафэгурысхэм си Адэу уафэм щыӀэм и нэгур зэпымыууэ ялъагъури.


Мэссихь и лъэужьым сызэрырикӀуэм хуэдэу, фэри си лъэужьым фрикӀуэ.


ИкӀэм-икӀэжым, си къуэшхэ, сытыр щыпкъэми, сытым щӀыхь хуэфащэми, сытыр захуагъэми, сытыр къабзагъэми, сытыр гурыхьми, сытыр гуапагъэми, сытыр хабзэфӀми, сытым щӀыхь хуэфащэми – абы фегупсыс.


Ди лъэужьми Зиусхьэным и лъэужьми фрикӀуэу щытащ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гузэвэгъуэшхуэм фыхэту щыта пэтми, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм фи гум кърилъхьа гуфӀэгъуэмкӀэ Тхьэм и псалъэхэр фщтащ.


Зыми дызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, гукъабзагъэкӀи щыпкъагъэкӀи фэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм, дыфхэту зэрыщытамкӀэ фыдищыхьэтщ, Тхьэри ди щыхьэтщ.


Ауэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и нэфӀ ину къысщыхуащ икӀи Мэссихь Хьисэ си псэм щыщ зэрыхъуам щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэрэ фӀылъагъуныгъэрэ си гум илъ хъуащ.


Зи щыпкъагъэр Тхьэм игъэунэхуа цӀыхуу, илэжьа Ӏуэхум щӀытеукӀытыхьыжын лъэпкъ щымыӀэу, щыпкъагъэм и псалъэхэр цӀыхухэм пэжу езыгъащӀэ цӀыхуу Тхьэм дежкӀэ узэрыщытыным и ужь ит.


Ауэ щӀалагъэм и хъуэпсэныгъэ Ӏейхэм пэӀэщӀэ зыщӀ. Зиусхьэным гукъабзагъэкӀэ елъэӀухэм урагъусэу, щыпкъагъэм, фӀэщхъуныгъэм, фӀылъагъуныгъэм, гузэгъэгъуэм я ужь ит.


Сэ жысӀэм егупсыс. Зиусхьэным Ӏуэху псомкӀи зэхэщӀыкӀ къуитынущ.


А Ӏуэхухэращ цӀыхухэм ебгъэщӀэн хуейр. Тепщэныгъэу уиӀэ псомкӀи цӀыхухэр гъэгушхуэ икӀи абыхэм яущие. Зыми нэмыплъ зрумыгъэт.


ФӀы зэрыпщӀэмкӀэ нэгъуэщӀ цӀыхухэм сыт и лъэныкъэукӀи щапхъэ яхуэхъу. ГупцӀанэкӀэ, щыпкъагъэ пхэлъу, Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм ягурыгъаӀуэ.


Фэ фщыщу хэт акъыл куурэ гулъытэфӀрэ зиӀэр? Абы и дуней тетыкӀэ дэгъуэмкӀэ, акъылыфӀагъэм къыхэкӀ гущабагъэр иӀэу, и фӀыщӀагъэхэр кърегъэлъагъуэ.


Ауэ уафэм къикӀ акъылыфӀагъэр, япэрауэ къабзэщ, итӀанэ зэкӀужыныгъэ хэлъщ, гущабэщ, ӀурыщӀэщ, гущӀэгъу хэлъ зэпытщ, фӀы ищӀэ зэпытщ, захуэщ, гъэпцӀагъи хэлъкъым.


Ауэ фи ӀэмыщӀэ илъ цӀыхухэм хэгъэзыхькӀэ тепщэныгъэ яхувиӀэу фадэмыгъуэгурыкӀуэ, атӀэ абыхэм щапхъэ фахуэхъун щхьэкӀэ, фӀы влэжь.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan