Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 4:10 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

10 Гугъу зедгъэхьурэ куэду дыщӀэлажьэр цӀыху псори, псом япэу фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр, мыкӀуэду къезыгъэл Тхьэуэ гъащӀэ зиӀэм дызэрыщыгугъыр арщ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 4:10
40 Iomraidhean Croise  

Си гур хуэхьэзырщ, сигукӀэ сыбыдэщ, си Тхьэ; уэрэд жысӀэнущ, щӀыхьу сиӀэр уэрэдкӀэ сӀуэтэнущ. Къэуш, си псэ.


Хабзэу бгъэувахэр згъэзэщӀэнщ; утыкум сыкъыумынэ зэи.


Уи хеягъэ нэхунэм хуэдэу, уи захуагъи шэджагъуэм хуэдэу къыхигъэщынщ Абы.


Щыпкъагъэр щӀым къыхэкӀынщ, Тхьэм и щыпкъагъэр уафэм къеплъыхынщ.


– Уэращ Мэссихьу гъащӀэр къызыбгъэдэкӀ Тхьэм и Къуэр, – жиӀащ Симон Петр.


Езыр Тхьэм щогугъ, Тхьэр абы къыхуейуэ щытмэ, мыкӀуэду кърырегъэл, «Сэ Тхьэм сри-Къуэщ» жиӀэгъащи.


Хьисэ етӀуанэ махуэм къакӀуэу щилъагъум, Иуан жиӀащ: – Мис Тхьэм и къурмэныпхъэ щынэу дунейм и цӀыхухэм я гуэныхьхэр ятезыхыжыр.


– Уэ жыпӀам и закъуэкъым фӀэщхъуныгъэ диӀэ зыгъэхъуар, – жраӀащ абыхэм цӀыхубзым, – атӀэ ди тхьэкӀумэкӀэ зэхэтхащ езым жиӀэр, дунейм и цӀыхухэр мыкӀуэду къезыгъэлыр пэжу арауэ зэрыщытыр къэтщӀащ.


– Пэж дыдэр нывжызоӀэ, сэ си псалъэхэм едаӀуэу, сыкъэзыгъэкӀуамкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэ хъуащ. Тхьэм ар игъэкъуэншэнукъым, ар лӀэныгъэм ӀэщӀэкӀыжри, гъащӀэм ӀэщӀыхьащ.


Ауэ Тхьэм и нэфӀ къызэрысщыхуам къыхэкӀкӀэ иджы сызэрыщытым хуэдэ сыхъуащ. И нэфӀ къызэрысщыхуар пщӀэншэ хъуакъым. Адрей псоми нэхърэ нэхъ куэдрэ сылэжьащ, ауэ сэракъым лэжьар, Тхьэм и нэфӀ къысщыхуэри сигъэлэжьащ.


Гъунэгъу дыдэ къытхуэхъуа лӀэныгъэм дыкъыӀэщӀихыжащ абы икӀи дяпэкӀэ дыкъыӀэщӀихышыжынущ. Фэ Тхьэм фызэрелъэӀумкӀэ фыкъыддэӀэпыкъуурэ, Тхьэм аргуэруи лӀэныгъэм дыкъыӀэщӀихыжыну дыщогугъ.


Ар фӀыщ икӀи дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Тхьэм игъуэу елъытэ.


ЦӀыху псори мыкӀуэду къригъэлыну икӀи щыпкъагъэр ящӀэну хуейщ ар.


Абы и псэр цӀыху псоми щхьэщэхужу яхуитащ. Хьисэ апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ и чэзууэ Тхьэм и мурадыр игъэпэжащ.


Сынэгувэмэ, Тхьэм и унагъуэм щыщхэр зэрыпсэун хуейр мы тхылъым уигъэщӀэнущ. Тхьэм и унагъуэм щыщхэр гъащӀэ зиӀэ Тхьэм и члисэ зэхуэсыр арщ. А члисэ зэхуэсыращ щыпкъагъэр зытет пкъори лъабжьэри.


Мы дунейм бей щыхъуахэм закъыфӀэмыщӀыжыну, мылъку нэпцӀым щымыгугъыну, атӀэ Тхьэм нэхъ щыгугъыну унафэ яхуэщӀ. Дызыгъэтхъэжыну псори куэду къыдэзытыр Тхьэращ.


Мысырым и мылъку псоми нэхърэ Мэссихь щхьэкӀэ езыр ягъэпудыныр нэхъ къулеигъэу илъытащ, ӀыхьэфӀу къылъысынум пэплъу щытащи.


КъращӀа емыкӀум ди Ӏыхьэ хэлъын щхьэкӀэ, Хьисэ деж къалэ щӀыбым дывгъакӀуэ.


ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ ищӀащ Мэссихь. Тхьэращ Мэссихь лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжар, щӀыхьышхуэри къезытар. Абы и фӀыгъэкӀэ ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ хъуащ икӀи Тхьэм фыщогугъ.


Дэ гуэныхьу тщӀахэр зыпшыныж къурмэныпхъэр Хьисэщ, ди гуэныхьхэм я закъуэкъым абы ипшыныжыр, атӀэ дунейм тет цӀыху псоми я гуэныхьхэр епшыныж.


Адэ лъапӀэм дунейм и цӀыхухэр мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэ, езым и Къуэр къызэригъэкӀуар ди нэгу щӀэкӀащ икӀи абы щыхьэт дыхуохъу.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan