Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 4:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр1 Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм ӀупщӀу къыжеӀэ дунейм и иужьрей лъэхъэнэхэм цӀыху куэд фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум зэрытекӀыжыпэнур. ЦӀыхухэр дезыгъэхьэх жинхэми, жин бзаджэхэм цӀыхухэм ирагъащӀэ Ӏуэхухэми едэӀуэнущ. Faic an caibideil |
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыху гуэрхэм фымыщӀэххэу зыкъыфхагъэзэрыхьащ. Тхьэм ахэр зэригъэкъуэншэнур и псалъэ тхахэм куэд щӀауэ хэтщ. Тхьэм и фӀэлӀыкӀ абыхэм я гум илъкъым. Ди Тхьэм и нэфӀ цӀыхухэм къазэрыщыхуэм и хъыбарыр къагъэсэбэп абыхэм, мыхъумыщӀэ псэукӀэм зратын щхьэкӀэ. Ди пашэ икӀи ди Зиусхьэн закъуэ Хьисэ Мэссихьыр ягукӀэ ящтэркъым.
Ауэ шым тесымрэ абы и дзэмрэ хьэщхьэвылъэр яубыдащ, хьэщхьэвылъэм и пащхьэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр щызыгъэлъэгъуэгъа бегъымбар нэпцӀри яубыдащ. Хьэщхьэвылъэм а нэщэнэхэмкӀэ езым и дамыгъэр зытедза цӀыхуу, абы и сурэтыр зыгъэлъапӀэхэр дихьэхыгъащ. Шым тесымрэ абы и дзэмрэ хьэщхьэвылъэри бегъымбар нэпцӀри яубыда нэужь, тхъуэбзащхъуэм и мафӀэм ис хым а тӀур псэууэ хадзащ.