7 ЦӀыхухэр ӀейкӀэ къытемыпсэлъыхьын икӀи шейтӀаным и хъым имыхуэн щхьэкӀэ, члисэ зэхуэсым щымыщхэри фӀыуэ щыхьэт зыхуэхъу цӀыхуу щытын хуейщ ар.
– Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и щэхухэр фщӀэну абы хуитыныгъэ къывитащ, – яжриӀащ Хьисэ, – ауэ адрей цӀыхухэм ущие хъыбархэмкӀэ Ӏуэхугъуэ псори ялъоӀэс.
– Дэ дыкъэзыгъэкӀуар дзэ пашэу Корнелийщ, – жаӀащ а лӀыхэм. – Ар щыпкъагъэри Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр зи гум илъу, журт лъэпкъ псоми щӀыхь зыхуащӀ цӀыхущ. И лӀыкӀуэхэм езым деж уригъашэу, жыпӀэхэм едэӀуэну мелыӀыч гуэрым унафэ къыхуищӀащ абы.
– Ананий и цӀэу Торэт хабзэм темыкӀыу тетрэ Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр и гум илъу лӀы гуэр Дамаск дэсащ. Абы журт псоми пщӀэ хуащӀырт.
Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ, ди къуэшхэ, цӀыху псоми щӀыхь хуащӀу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр икъукӀэ я гум илъу, акъылыфӀагъэ зиӀэ лӀибл фэ фщыщу къыхэфх. Мы Ӏуэхур я пщэм дэтлъхьэнщ абыхэм.
Журтхэми, алыджхэми, Тхьэм и члисэ зэхуэсым щыщхэми я гъуэгум зыгъэлъэпэрэпэн мывэ фащыхуэмыхъу.
Члисэ зэхуэсым щымыщхэм хьэкум ятесщӀыхьыну си Ӏуэху хэлъ? Члисэ зэхуэсым щыщхэр аракъэ хьэкум фэ зытефщӀыхьын хуейр?
ЦӀыхухэм дэ длэжь ӀуэхумкӀэ дамыгъэкъуэншэн щхьэкӀэ, цӀыху гуэрым и гъуэгум ар зыгъэлъэпэрэпэн мывэ тетлъхьэну дыхуейкъым.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным дежкӀи цӀыхухэм дежкӀи фӀыгъуэ длэжьыным дыхущӀокъу.
Игъуэр блэвмыгъэкӀыу, фэ къыфщымыщ цӀыхухэм акъылыфӀагъэкӀэ фахущыт.
Апхуэдэу щыхъукӀэ, фэ къыфщымыщ цӀыхухэм я пащхьэм хабзэм тету фыщыпсэунущ, щыщӀагъэ гуэри фиӀэнукъым.
Сыт хуэдэ бзаджагъэми пэӀэщӀэ зыфщӀ.
Ӏэтащхьэр фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуагъащӀэхэм ящыщу щыт хъунукъым. Апхуэдэу щымытмэ, зыкъыфӀэщӀыжынурэ, шейтӀаныр къуаншэ зэрыхъуам хуэдэу, ари къуаншэ хъунущ.
Аращи, фызабэ ныбжьыщӀэхэр дэкӀуэжыну, быни къащӀэхъуэну, я унагъуэри зэрахьэну, я жагъуэгъу шейтӀаныр абыхэм ӀейкӀэ ятепсэлъыхьыну Ӏэмал ирамыгъэгъуэтыну сыхуейщ.
Ауэ бей хъуну хуейхэр гуэныхь щӀэным дезыгъэхьэх Ӏуэхум хохуэри, шейтӀаным Ӏэрохуэ. ПщӀэ зимыӀэ, зи ягъэ къэкӀуэ хъуэпсэныгъэу, цӀыхухэр зыгъэунэхъуу, кӀуэдыпӀэм хуэзышэхэм яубыд ахэр.
Апхуэдэу хъумэ, зыхуейр яригъэщӀэну шейтаным иубыда нэужь, абы и хъым къикӀыфыжынущ ахэр.
Зыгуэрым узэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, узыщыгугъ хъуну хъыбархэр цӀыхухэм егъащӀэ, къытхужаӀэн Ӏей ямыгъуэту, уэ къыппэув цӀыхухэр укӀытэжын щхьэкӀэ.
ЦӀыху псори Димитрий фӀыкӀэ щыхьэт хуохъу, езы щыпкъагъэри фӀыкӀэ абы щыхьэт къыхуохъу. Дэри фӀыкӀэ щыхьэт дыхуохъу, ди щыхьэтыгъэри зэрыпэжыр уэ уощӀэ.