4 И унагъуэр фӀыуэ зэрихьэу, и бынхэм щӀыхь зыхуригъэщӀу, игъэӀурыщӀэфу щытын хуейщ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Сэ къыхэсхащ Ибрэхьим, езым и къуэхэми, езым и ужькӀэ къэнэну и унагъуэми, щыпкъагъэрэ захуагъэрэ ялэжьу сэ Зиусхьэным си гъуэгум ирикӀуэну унафэ яхуищӀын папщӀэ. Сэ, Зиусхьэным, Ибрэхьим зэрызгъэгугъа псори згъэпэжынущ.
Езыми и унагъуэ псоми Тхьэр ягъэлъапӀэрт, Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр я гум илът. Журтхэм я тхьэмыщкӀэхэм псапэ тыхь куэд яритырт, Тхьэм елъэӀу зэпытт.
Члисэ зэхуэсыр Мэссихь зэрыхуэӀурыщӀэм хуэдэу, фызри и лӀым сыт ищӀысымкӀи хуэӀурыщӀэн хуейщ.
ИкӀэм-икӀэжым, си къуэшхэ, сытыр щыпкъэми, сытым щӀыхь хуэфащэми, сытыр захуагъэми, сытыр къабзагъэми, сытыр гурыхьми, сытыр гуапагъэми, сытыр хабзэфӀми, сытым щӀыхь хуэфащэми – абы фегупсыс.
ДэӀэпыкъуэгъур зы фыз фӀэкӀ зимыӀэ,* и бынхэмрэ и унагъуэмрэ фӀыуэ зезыхьэ лӀыуэ щытын хуейщ.
Нэхъыжьыр зыми зэригъэкъуэншэн лъэпкъ зыбгъэдэмылъу, зы фыз фӀэкӀ зимыӀэ лӀыуэ щытын хуейщ. И бынхэми фӀэщхъуныгъэ яӀэн хуейщ. Ахэр мыхъумыщӀэ псэукӀэкӀи мыдэӀуэныгъэкӀи къуаншэ хъу хъунукъым.
ЛӀы нэхъыжьхэр ущий зашыӀэну, щӀыхь яхэлъу псэуну, гулъытэ яӀэну икӀи фӀагъ къызыпыкӀ фӀэщхъуныгъэр, фӀылъагъуныгъэр, теубыдагъэр зыхалъхьэну.
ФӀы зэрыпщӀэмкӀэ нэгъуэщӀ цӀыхухэм сыт и лъэныкъэукӀи щапхъэ яхуэхъу. ГупцӀанэкӀэ, щыпкъагъэ пхэлъу, Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм ягурыгъаӀуэ.