3 Фадафэу е цӀыху Ӏэлу щыт хъунукъым, атӀэ Ӏэсэу, мышхыдэрейуэ икӀи мылъкум щӀэмыхъуэпсу щытын хуейщ.
Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – Тхьэм къызэрыжиӀэр и псалъэу тхахэм хэтщ: «Сэ си унэр тхьэлъэӀупӀэу щытынущ», ауэ фэ ар «хъунщӀакӀуэ тӀысыпӀэм» ещхь фощӀ.
Зы цӀыхум и дыжьыни, и дыщи, и щыгъыни сенэцӀакъым сэ.
Апхуэдэ цӀыхухэр зыхуэлажьэр ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихькъым, зыхуэлажьэр я ныбэхэр аращ. ГъафӀэбзэрэ псалъэ дыгъэлкӀэ цӀыху къызэрыгуэкӀхэр дахьэх.
Фадэм зевмыгъэгъэудафэ. Абы къыхэкӀыр мыхъумыщӀэ псэукӀэщ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр нэгъэсауэ фи гум ивгъэлъ.
Ди къуэшхэ, дыныволъэӀу, лэжьэну зымыдэхэм зэрыщыуэр ягурывгъаӀуэ, зи гур кӀуэдахэр вгъэгушхуэ, дэӀэпыкъуэгъу хуэныкъуэхэм фадэӀэпыкъу, цӀыху псоми шыӀэныгъэкӀэ фадэгъуэгурыкӀуэ.
Члисэ зэхуэсым и дэӀэпыкъуэгъухэри щӀыхь зыхуэфащэу, бзитӀ зыӀумылъ лӀыхэу, фадэм димыхьэхыу икӀи мылъкум щӀэмыхъуэпсу щытын хуейщ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхухэм езыхэм фӀыуэ залъагъужынущ, ахъшэри фӀыуэ ялъагъунущ, закъыфӀэщӀыжынущ, пэгэнущ, шхыдэрейуэ щытынущ, адэ-анэхэм едэӀуэнукъым, арэзыныгъэ яӀэжынукъым, Тхьэр ягъэлъэпӀэнукъым, фӀылъагъуныгъэ яӀэжынукъым;
Абыхэм я жьэр ебгъэубыдын хуейщ. ЦӀыхухэм ирамыгъэджапхъэ Ӏуэхухэм ирагъаджэурэ, напэншагъэкӀэ ахъшэкӀэ нэпсейуэ, унагъуэхэр зэрыунагъуэу ягъэунэхъу.
Тхьэм и Ӏуэхур члисэ зэхуэсым и Ӏэтащхьэм и пщэм зэрыдэлъым щхьэкӀэ, ар зыми зэригъэкъуэншэн лъэпкъ зыбгъэдэмылъ лӀыуэ щытын хуейщ: ерыщу икӀи губжьыгъуафӀэу, ефакӀуэуи, цӀыху Ӏэлуи, мылъкум щӀэхъуэпсуи щыт хъунукъым.
Фызыжьхэри ущий Тхьэм и бзылъхугъэ лъапӀэхэм яхуэфащэу псэуну, нэгъуэщӀ цӀыхухэм ӀейкӀэ ятемыпсэлъыхьыну, фадэм зыдрамыгъэхьэхыну икӀи фӀыр зыхуэдэр цӀыхухэм ирагъащӀэну.
Абы нэмыщӀу, ягу къэгъэкӀыж ӀейкӀэ зыми темыпсэлъыхьын, шхыдэрейуэ щымытын, Ӏэсагъэрэ гущабагъэкӀэ адрей цӀыхухэм яхущытын зэрыхуейри.
Ахъшэм фыхуэмынэпсей, фиӀэм арэзы фытехъуэ. Тхьэм къыжиӀащ: «ИгъащӀэкӀэ ухыфӀэздзэжынукъым, уи закъуэу укъэзгъэнэнукъым».
Зэбииныгъэрэ зэщыхьэныгъэрэ дэнэ къикӀыу къыфхыхьэрэ? Хъуэпсэныгъэ Ӏейхэу фигухэм илъу щызэныкъуэкъухэракъэ къызыхэкӀыр?
Мэлыхъуэм и нэӀэ мэлхэм зэратригъэтым хуэдэу, фэри Тхьэм и цӀыхухэу фи деж щыпсэухэм мэлыхъуэ фахуэхъуи, фи нэӀэ ятевгъэт, хэгъэзыхь хэмылъу, фи гуапэу, Тхьэм зэрыфӀэзахуэм хуэдэу. Мылъкум фыщӀэмыхъуэпсу, абыхэм фи фӀэщу фахуэлажьэ.
Я нэпсеягъэкӀэ псалъэ нэпцӀхэр къыжаӀэурэ, фи фӀагъ зрагъэкӀынущ. Тхьэм ахэр зэригъэкъуаншэрэ куэд щӀащ, Тхьэуэ ахэр зыгъэкӀуэдынур жейркъым.
Ахэр гъуэгу мыгъуэ теуващ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Каин и гъуэгу техьащ, Билеам зи цӀэм зэрищӀам хуэдэу, абыхэми ахъшэ щхьэкӀэ бзаджагъэ ящӀэ, Корейм хуэдэу я ерыщыгъэкӀэ мэкӀуэдыж.
Сэ, Иуану фи къуэшыр, Хьисэ ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ гузэвэгъуэу фызыхэтым сыщывигъусэщ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм сывигъусэуи сыщӀэтщ, сывигъусэуи теубыдагъэ сиӀэу сопсэу. Тхьэм и псалъэхэмрэ Хьисэ Мэссихь и щыхьэтыгъэмрэ цӀыхухэр зэрезгъэдаӀуэм щхьэкӀэ, Патмос хытӀыгум сагъэкӀуауэ сыщыӀащ.