Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 3:15 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

15 Сынэгувэмэ, Тхьэм и унагъуэм щыщхэр зэрыпсэун хуейр мы тхылъым уигъэщӀэнущ. Тхьэм и унагъуэм щыщхэр гъащӀэ зиӀэ Тхьэм и члисэ зэхуэсыр арщ. А члисэ зэхуэсыращ щыпкъагъэр зытет пкъори лъабжьэри.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 3:15
55 Iomraidhean Croise  

Сыту жыпӀэмэ щхьэегъэзыпӀэкӀэ зызыхуэзгъазэ Тхьэр Уэращ. Сыт щхьэкӀэ сыхыфӀэбдза? Бийм сригъэзурэ, сигъэнэщхъейуэ сыт щхьэкӀэ сыкъекӀуэкӀрэ?


Зиусхьэн! Уэ уи щӀыгум нэфӀкӀэ укъеплъыгъащ, Екъуб и мылъкур ебгъэгъуэтыжыгъащ.


– Уэращ Мэссихьу гъащӀэр къызыбгъэдэкӀ Тхьэм и Къуэр, – жиӀащ Симон Петр.


– Пэжыр нывжызоӀэ, щӀылъэм фэ хуит щывмыщӀыр, уафэми хуит щыхъунукъым; щӀылъэм фэ хуит щыфщӀыр, уафэми хуит щыхъунущ.


Торэт хабзэр Тхьэм и унафэкӀэ къытхуэзыгъэнар Мусэ бегъымбарыр арщ, ауэ нэфӀ щыхуэныгъэмрэ щыпкъагъэмрэ къызыбгъэдэкӀар Хьисэ Мэссихьыр арщ.


Гъуэгури, щыпкъагъэри, гъащӀэри сэращ, – жриӀащ абы Хьисэ. – Си гъуэгу иримыкӀуэмэ, Адэ лъапӀэм деж зы цӀыхуи кӀуэн лъэкӀынукъым.


– АтӀэ упащтыхь? – еупщӀащ Пилат Хьисэ. – Аращ, зэрыжыпӀэм хуэдэу, сэ сыпащтыхьщ, – жиӀащ Хьисэ. – Пэжщ, сэ сыкъыщӀэхъуари мы дунейм сыкъыщӀытехьари щыпкъагъэм щыхьэт сытехъуэн щхьэкӀэщ. Щыпкъагъэм и ужь ит дэтхэнэри си макъым къедэӀуэнущ.


ГъащӀэ щыпкъэр къызыбгъэдэкӀ Тхьэм и Къуэ Мэссихьу узэрыщытыр дощӀэ, ди фӀэщ хъуащ.


– Фэ лӀы гупым сыт фщӀэр? Фэ фхуэдэу дэри дыцӀыхущ. Мы тхьэ нэпцӀ сэбэпыншэхэм фи щӀыбыр яхуэвгъазэу, Тхьэ пэжу псэум фи гупэ хуэвгъэзэн щхьэкӀэ, хъыбарыфӀыр фхудоӀуатэ. Тхьэращ уафэри, щӀыри, хыри, абыхэм щыпсэу псори къэзыгъэщӀар.


Лъэныкъуэ псомкӀи фӀагъыу къыхэкӀыр куэду инщ. Япэрауэ, Тхьэм и псалъэхэр зыӀэщӀилъхьар журтхэр арщ.


ИкӀи „Фэ си лъэпкъыу фыщыткъым“, жиӀэу Тхьэм щыжиӀа щӀыпӀэм „ГъащӀэ къэзыт Тхьэм и бынкӀэ“ щеджэнущ».


Журтхэми, алыджхэми, Тхьэм и члисэ зэхуэсым щыщхэми я гъуэгум зыгъэлъэпэрэпэн мывэ фащыхуэмыхъу.


Тхьэм и унэшхуэм фызэрыхуэдэри Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр фи гум зэрилъри фщӀэркъэ?


Ди Ӏуэхум фӀыуэ къыпэкӀуауэ, Мэссихь итха тхылъым хуэдэу фызэрыщытыр къывогъэлъагъуэ. А тхылъыр шакъэкӀэ тхакъым, атӀэ гъащӀэ къыдэзыт Тхьэм и Псэ ЛъапӀэмкӀэ тхащ. Мывэ пхъэбгъухэм ятетхакъым, атӀэ цӀыхухэм ягухэм итхауэ илъщ.


Тхьэм и унэшхуэмрэ тхьэ нэпцӀхэмрэ я кум сыт хуэдэ зэгурыӀуэныгъэ дэлъын? ГъащӀэ зиӀэ Тхьэм и унэр дэращ, Тхьэм къызэрыжиӀам хуэдэу: «Сэ абыхэм сахэсынущ икӀи сахэтынущ. Сэ абыхэм я Тхьэуэ сыщытынущ, ахэри си лъэпкъыу щытынущ.


щыпкъагъэр зэрыжытӀэмкӀи, Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэмкӀи, Ӏэ ижьми Ӏэ сэмэгуми ярылъ пэжыгъэм и ӀэщэхэмкӀи;


Къуэшхэм пашэ пкъоууэ ялъытэу, Екъуб, Кифэ, Иуан сымэ Тхьэм и нэфӀ къызэрысщыхуар ящӀати, ахэри, сэри, Варнавэри дызэрызэдэлажьэм и нэщэнэу ди Ӏэхэр къаубыдащ: Дэ хамэ лъэпкъхэм я деж дыкӀуэн хуеящ, ахэр сунэт ящӀахэм я деж кӀуэн хуеящ.


Акъылыншэ Галатие цӀыхухэ! Хэт фыдэзыхьэхар! Зэпкърыхауэ фхуэтӀуэтэжакъэ Хьисэ Мэссихь жорым зэрыраӀулӀар?


Мэссихь и хъыбарыр фэ зэхэфхащ, езыри фи псэм щыщу, абы хэлъ щыпкъагъэр зэхэфщӀыкӀащ.


Апхуэдэ фӀэщхъуныгъэмрэ фӀылъагъуныгъэмрэ щӀывиӀэр Тхьэм уафэм къыщыфхуигъэхьэзыра ӀыхьэфӀыр къызэрывитынум фыщыгугъыурэ фызэрыпэплъэр арщ. Фи деж нэса хъыбарыфӀым и псалъэ пэжхэмкӀэ Тхьэм къыфхуигъэхьэзыра фӀыгъуэм и хъыбарыр зэхэфхащ.


екӀуу дызэревгъэблэгъари, гъащӀэ зиӀэ Тхьэ щыпкъэм фыхуэлэжьэн щхьэкӀэ, тхьэ нэпцӀхэм фи щӀыбагъыр зэрыхуэвгъэзари абыхэми яӀуэтэж.


Куэд мыщӀэу уи деж сыкъэкӀуэн си гугъэу, мы тхылъыр пхузотх.


Зэрышэчыншэщи, ди фӀэщхъуныгъэм хэлъ щэхур инщ: Тхьэр цӀыхуу къэлъэгъуащ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм абы и щыпкъагъэр къигъэнэхуащ, мелыӀычхэм заригъэлъэгъуащ. И ӀурыщӀэхэм абы и хъыбарыр хамэ лъэпкъхэм ирагъэщӀащ. Дунейм тет цӀыхухэм абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ. ЩӀыхьышхуэ иӀэу, Тхьэм ар уафэм дрихьеижащ.


Зыми зэригъэкъуэншэн лъэпкъ зыбгъэдэмылъу, зы фыз фӀэкӀ зимыӀэу, зышыӀэныгъэрэ гулъытэрэ зиӀэу, хабзэфӀым тету, хьэщӀэхэр зыгъэлъапӀэу, цӀыхухэм щыпкъагъэр езыгъэщӀэн зылъэкӀ цӀыхуу щытын хуейщ Ӏэтащхьэр.


Зи унагъуэр зезымыхьэфыр Тхьэм и члисэ зэхуэсым дауэ зэрыкӀэлъыплъыфынур?


Гугъу зедгъэхьурэ куэду дыщӀэлажьэр цӀыху псори, псом япэу фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр, мыкӀуэду къезыгъэл Тхьэуэ гъащӀэ зиӀэм дызэрыщыгугъыр арщ.


Езы Тхьэ закъуэр арщ мылӀэжынур икӀи узэмыкӀуэлӀэфыну нэхум хэтыр. ЦӀыхухэм ящыщ гуэрми ар и нэкӀэ зыми илъэгъуакъым икӀи илъагъун лъэкӀынукъым. ЩӀыхьышхуэри мыкӀуэдыжын лъэкӀыныгъэшхуэри зейр Тхьэращ. Ӏэмин.


Ауэ Тхьэм игъэува лъабжьэ быдэр сыт щыгъуи щыӀэнущ. Мыхъурым хуэдэу абы тедзащ: «Зиусхьэным езым и цӀыхухэр ещӀэ», икӀи «Зиусхьэным и цӀэр зыщтэ дэтхэнэми и щӀыбыр бзаджагъэм и гъуэгум хурегъазэ».


Унэшхуэ гуэрым дыщэмрэ дыжьынымрэ къахэщӀыкӀа хьэкъущыкъухэм я мызакъуэу, пхъэмрэ ятӀэмрэ къахэщӀыкӀа хьэкъущыкъухэри щӀэлъщ. ХьэкъущыкъуфӀ дыдэхэри, къызэрыгуэкӀ хьэкъущыкъухэри яхэтщ.


Тхьэм и унагъуэр зи ӀэмыщӀэм илъ дин пашэшхуэ диӀэщ.


Фэ фыкъыздэкӀуар Сион Ӏуащхьэр арщ, гъащӀэ зиӀэ Тхьэм и къалэшхуэу, уафэм щыӀэ Ерусалиму мелыӀычхэр мин бжыгъэкӀэ здэщыӀэр арщ.


Си къуэшхэ, фэ фщыщ гуэрым и щӀыб гъащӀэ зиӀэ Тхьэм и гъуэгум хуигъэзэжу, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэ гу бзаджэ зэримыӀэным фыхуэсакъ.


Абы нэхърэ нэхъыбэу лӀэныгъэр къызыхэкӀ Ӏуэхухэм дапыкӀыжыну, гъащӀэрэ щыпкъагъэрэ зиӀэ Тхьэм дыхуэлэжьэну, Мэссихь и лъым дигухэр егъэкъэбзэж. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу сыт щыгъуи щыӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Мэссихь къурмэныпхъэ нэсу езы Тхьэм зритащ.


Фэри псэ зыпыт мывэхэм фыхуэдэу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр здэщыӀэ унэшхуэм щыщ фыхъу. Апхуэдэу дин пащэ лъапӀэ фыхъунущ, Хьисэ Мэссихь илэжьа Ӏуэхум щхьэкӀэ Тхьэм и гум ирихь тыхь гурэ псэкӀэ хуэфщӀыфынущ.


Тхьэм езым и бынхэм хьэкум трищӀыхьыну щиублэну зэманыр къэсащ. ИкӀи и хьэкумщӀэныр япэщӀыкӀэ дэркӀэ къиублэмэ, Тхьэм и хъыбарыфӀым емыдаӀуэхэм сыт къащыщӀынур?


НэгъуэщӀ мелыӀыч гуэр, гъащӀэ къыздикӀ Тхьэм и мыхъурыр иӀыгъыу, къуэкӀыпӀэмкӀэ къикӀыу слъэгъуащ итӀанэ. Я ягъэ щӀымрэ хымрэ ирагъэкӀыну хуитыныгъэ зиӀэ мелыӀычиплӀым макъышхуэкӀэ яжриӀащ:


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan