Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 3:13 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

13 Зи Ӏуэху фӀыуэ зыгъэзэщӀа дэӀэпыкъуэгъухэм щӀыхь ягъуэт икӀи Мэссихь ХьисэкӀэ яӀэ фӀэщхъуныгъэм гушхуауэ тепсэлъыхьын ялъэкӀынущ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 3:13
17 Iomraidhean Croise  

ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къыщӀэкӀуар цӀыхухэм я сэбэп зригъэкӀын щхьэкӀэкъым, атӀэ езым и сэбэп цӀыхухэм яригъэкӀын икӀи цӀыху куэдым щхьэкӀэ и псэр щхьэщэхужу итын папщӀэщ.


– Тепщэм абы жриӀащ: «ФӀыуэ пщӀащ. Уэ сызыщыгугъ хъун уунэӀутыфӀщ! Ӏуэху мащӀэкӀэ сызыщыгугъ хъун цӀыхуу узэрыщытам щхьэкӀэ, Ӏуэху куэд ныпӀэщӀэслъхьэнущ. КъакӀуи, уи тепщэм и гуфӀэгъуэм къыхыхьэ».


Пщым абы жриӀащ: «ФӀыуэ пщӀащ, си унэӀутыфӀ. Ӏуэху мащӀэмкӀэ сызыщыгугъ хъун цӀыхуу узэрыщытам щхьэкӀэ, къалипщӀ уэ пӀэщӀэслъхьэнущ».


ДэкӀуеипӀэм щынэсым, Паул цӀыхухэр къытезэрыгуати, зауэлӀхэм ар ӀэкӀэ яхьын хуей хъуащ.


Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщ псоми я нэхэр Стефан траубыдащ. Абы и нэкӀур мелыӀыч нэкӀум хуэдэ къащыхъуащ.


Абдеж кърихьэлӀа псоми ягу ирихьащ а псалъэхэр. Арати, фӀэщхъуныгъэмрэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэмрэ хуабжьу зи гум илъ Стефан къыхахащ. Абы нэмыщӀ, Филипп, Прохор, Никан, Тимон, Пармен, къинэмыщӀауэ Антиохие къалэм щыщу журт хъуа Николай сымэ къыхахащ.


Стефан Тхьэм и нэфӀыр ину зыщыхуауэ, лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ цӀыхуу щытащ. Абы Ӏуэху телъыджэхэр илэжьырт, нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэри цӀыхухэм я пащхьэм щигъэлъагъуэрт.


Си къуэшхэ, зыгуэркӀэ сыныволъэӀу. ЗэрыфщӀэщи, Ахаие хэкум ис цӀыхухэм щыщу Стефан и унагъуэр арщ япэу фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуар. Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм ядэӀэпыкъуным зратащ абыхэм.


ЦӀыхухэм Ӏэпхлъэпх сызэращӀам щхьэкӀэ, Зиусхьэныр зи псэм щыщ къуэшхэм я нэхъыбэм ягухэр утӀыпщауэ, мышынэу, Тхьэм и псалъэхэр нэхъ тегушхуауэ цӀыхухэм хуаӀуатэу щӀадзащ.


Фэ зэрыфщӀэщи, Филиппи къалэм дыщыщыӀам, цӀыхухэм гугъуехь куэд дагъэшэчу, къытхуэхъущӀэу, фи деж цӀыху куэд къыщытпэуву щытами, Тхьэм дигъэгушхуэри, езым деж къикӀ хъыбарыфӀыр фхуэтӀуэтащ.


Куэд мыщӀэу уи деж сыкъэкӀуэн си гугъэу, мы тхылъыр пхузотх.


Аращи, си къуэ, ди псэм щыщ Мэссихь Хьисэ и нэфӀ къызэрыпщыхуэмкӀэ уи гур гъэбыдэ.


Тхьэр захуэщ. Фэ влэжьа Ӏуэхур щыгъупщэнукъым. Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм дэӀэпыкъуэгъу фазэрыхуэхъуамкӀи иджыри дэӀэпыкъуэгъу фазэрыхуэхъумкӀи Тхьэм хуэвгъэлъэгъуа фӀылъагъуныгъэр щыгъупщэнукъым.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan