Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 3:11 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

11 А дэӀэпыкъуэгъухэм я фызхэри щӀыхь зыхуэфащэу, нэгъуэщӀ цӀыхухэм ӀейкӀэ ятемыпсэлъыхьу, шыӀэныгъэ зиӀэу, лъэныкъуэ псомкӀи узыщыгугъ хъун цӀыхуу щытын хуйщ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 3:11
23 Iomraidhean Croise  

Сигу зэщыуащ, игъукӀащ удзым хуэдэу, абы къыхэкӀыуи си щӀакхъэу сшхыну сщогъупщэ.


ЩӀыгум тет Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зыгу илъхэращ щӀыхь зыпылъыр, сызыщыгуфӀыкӀыр.


ФӀыгъэу пхэлъымкӀэ фӀы хуэщӀэ Цион къалэм, Ерусалим и блынхэр зэтегъэувэж.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Хьисэ губгъуэ нэщӀым ишащ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Хьисэ абы щӀишар гуэныхь иригъэлэжьын папщӀэ шейтӀаныр абы и ужь итын щхьэкӀэщ.


– Фэ цӀыху пщыкӀутӀыр си гъуэгу фрикӀуэну сэ фыкъыхэсхакъэ? Апхуэдэу щыт пэтми, фэ фщыщу зыр жин бзаджэщ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.


Мыщыпкъагъэ псори, зинэ псори, гъэпцӀагъэ псори, нэпсеягъэ псори, бзаджагъэ псори ягухэм ярыз хъуащ. Фыгъуэныр, цӀыху укӀыныр, зэщыхьэныр, пцӀы упсыныр, лъагъу мыхъуныр я гум илъ зэпытщ.


Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьу си Ӏуэхур злэжыну лъэкӀыныгъэ къызэзытам фӀыщӀэ хузощӀ. Абы дзыхь къысхуищӀу, мы Ӏуэхур си пщэм къызэрыдилъхьам щхьэкӀэ фӀыщӀэ хузощӀ.


Зыми зэригъэкъуэншэн лъэпкъ зыбгъэдэмылъу, зы фыз фӀэкӀ зимыӀэу, зышыӀэныгъэрэ гулъытэрэ зиӀэу, хабзэфӀым тету, хьэщӀэхэр зыгъэлъапӀэу, цӀыхухэм щыпкъагъэр езыгъэщӀэн зылъэкӀ цӀыхуу щытын хуейщ Ӏэтащхьэр.


ФӀэщхъуныгъэ зиӀэ тепщэхэр зиӀэ унэӀутхэм, зэкъуэшу зэрыщытым щхьэкӀэ, абыхэм нэмыплъ иратын хуейкъым, атӀэ нэхъри нэхъыфӀыжу яхуэлэжьэн хуейщ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ялэжь Ӏуэхум зи фӀагъ къекӀыр фӀэщхъуныгъэ зиӀэу фӀыуэ ялъагъур арщ. Мы Ӏуэхухэр унэӀутхэм егъащӀэ икӀи яхуэгъэбыдэ.


зэкӀужыныгъэр зыхуэдэр ящӀэнукъым, нэгъуэщӀ цӀыхухэм ӀейкӀэ тепсэлъыхьынущ, захуэшыӀэжынукъым, гущӀэгъуншэ хъунущ, фӀыгъуэр фӀыуэ ялъагъужынукъым;


Уэ, дауэ хъуми, зышыӀэ. Гугъуехь шэчи, хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэзыӀуатэм и Ӏуэхур лэжь, Тхьэм уи пщэм къыдилъхьа Ӏуэхур нэсу гъэзащӀэ.


Фызыжьхэри ущий Тхьэм и бзылъхугъэ лъапӀэхэм яхуэфащэу псэуну, нэгъуэщӀ цӀыхухэм ӀейкӀэ ятемыпсэлъыхьыну, фадэм зыдрамыгъэхьэхыну икӀи фӀыр зыхуэдэр цӀыхухэм ирагъащӀэну.


Абы нэмыщӀу, ягу къэгъэкӀыж ӀейкӀэ зыми темыпсэлъыхьын, шхыдэрейуэ щымытын, Ӏэсагъэрэ гущабагъэкӀэ адрей цӀыхухэм яхущытын зэрыхуейри.


ЗыфшыӀэ икӀи фымыжейуэ фысакъ. Фи бий шейтӀаным, зыӀуригъэлъэдэн лъыхъуэурэ, къеущыхь аслъэн гъуахъуэм хуэдэу.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan