8 ЦӀыхухъухэр дэнэ щӀыпӀэ щыӀэми, Тхьэм елъэӀуну сыхуейщ, гукъабзагъэкӀэ я Ӏэхэр яӀэтурэ, мыгубжьу, ягуми ТхьэмкӀэ шэч ямыщӀу.
Зиусхьэным и унэ ӀуэхущӀэхэм, ди Тхьэм и унэшхуэм и пщӀантӀэм дэтхэм.
къыщысӀуэтащ Абы и пащхьэ си тхьэусыхафэр; нахуэ хуэсщӀащ си гухэщӀыр.
Сыгъэлъагъу, Зиусхьэн, уи гъуэгухэр, сащыгъэгъуазэ уи лъагъуэхэм.
Си бийхэу сыкъэзыувыхьхэм ящхьэкӀэ сыщысӀэтынщ итӀанэ, сэри Абы и шэтырым гуфӀэгъуэ макъышхуэкӀэ щысщӀынщ къурмэнхэр, Зиусхьэным уэрэд хужысӀэурэ, и щӀыхь сӀуэтэнщ.
Хуэвгъэфащэ Зиусхьэным и цӀэм щӀыхь, фащэ лъапӀэр фщыгъыу, Зиусхьэным щхьэщэ хуэфщӀ!
ЯӀу егъэзыхауэ щылъщ бзаджащӀэхэр, кърадзыхащ, къэтэджыжыни ялъэкӀыркъым.
Джатэ хуэдэ жанщ я бзэр; зэфӀэдзащ я шабзэр – яутӀыпщын хьэзырщ я псалъэ дыджыр,
– Пэжыр нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм, – фи гум шэч къивмыгъэхьэу фӀэщхъуныгъэ фиӀэмэ, ахъуо жыгым есщӀам хуэдэ къудейкъым фщӀэн флъэкӀынур, мы Ӏуащхьэми «ЗыкъэӀэти, хым зыхэдзэ!» жефӀэмэ, зыхидзынущ.
Ауэ сэ нывжызоӀэ, фи бийхэр фӀыуэ флъагъу, гугъуехь фэзыгъэшэч цӀыхухэм Тхьэм фӀыкӀэ фахуелъэӀу,
Мыхъуну тщӀар къытхуэгъэгъу, мыхъун къыдэзыщӀахэм дэ зэрахуэдгъэгъум хуэдэу.
– Си Адэ, къахуэгъэгъу абыхэм, – жиӀащ Хьисэ, – ялэжьыр зи щӀысыр къагурыӀуэркъым. Пхъэидзэ ящӀурэ, Хьисэ и щыгъынхэр зауэлӀхэм зэхуагуэшыжащ.
Хьисэ ахэр Ерусалим дишщ, Вифание жылэм и гъунэгъуу ишэщ, и Ӏэхэр къиӀэтри, Тхьэм и нэфӀ къащыхуэну яхуелъэӀуащ.
– Уэ, цӀыхубз, – жиӀащ Хьисэ, – уи фӀэщ гъэхъу, мы Ӏуащхьэми Ерусалими Адэ лъапӀэм фыщыщемылъэӀун махуэ къэсынущ.
Езыми и унагъуэ псоми Тхьэр ягъэлъапӀэрт, Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр я гум илът. Журтхэм я тхьэмыщкӀэхэм псапэ тыхь куэд яритырт, Тхьэм елъэӀу зэпытт.
жиӀащ: «Корнелий, Тхьэм уи тхьэлъэӀур зэхихащ, уи псапэ тыхьхэри щымыгъупщауэ и гум илъщ.
Корнелий шынауэ, и нэхэр абы триубыдэри, жриӀащ: – Зиусхьэн, сыт узыхуейр? – Уи тхьэлъэӀури уи псапэ тыхьхэри Тхьэм деж нэсащ, Тхьэм ахэр щымыгъупщауэ и гум илъщ, – къыжриӀащ мелыӀычым.
А къалэм дызэрыщыӀэну пӀалъэр щыдухым, абы дыдэкӀри, ди гъуэгу дытехьэжащ. ФӀэщхъуныгъэ зиӀэ псори, цӀыхубзхэри сабийхэри я гъусэу, къалэм къыддыдэкӀащ. Хы Ӏуфэм лъэгуажьэмыщхьэу дыӀутӀысхьэри, Тхьэм делъэӀуащ итӀанэ.
Лъэгуажьэмыщхьэу тӀысри, макъышхуэкӀэ жиӀащ итӀанэ: – Зиусхьэн, мы гуэныхьыр мы цӀыхухэм я пщэм думылъхьэ! Ар жиӀэри, и псэр хэкӀащ.
Зыхуэстхыр Коринф къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым щыщ цӀыхухэращ. Тхьэм Мэссихь Хьисэ фи псэм щыщыну фигъэуващ, дэнэкӀи ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь елъэӀу цӀыху псоми фащӀыгъуу, абы и цӀыху лъапӀэхэм ящыщ фыхъуну фыкъыхуриджащ. Мэссихь абыхэми дэри ди Зиусхьэнщ.
Сэ схуэдэу цӀыху псори щытыну сыхуейт. Ауэ Тхьэм хэти езым и лъэкӀыныгъэ къритащ – зым зы лъэкӀыныгъэ, адрейми нэгъуэщӀ лъэкӀыныгъэ.
ЩӀыхьышхуэр зейр Тхьэращ. Мэссихь ди псэм щыщщи, Тхьэм текӀуэныгъэр къыдигъэхь зэпытщ, Мэссихь теухуа хъыбару мэ гуакӀум хуэдэр цӀыхухэм дэнэкӀи яхурегъэхь дэ тщӀэ ӀуэхумкӀэ.
Фэ фщӀэну сыхуейщ, си къуэшхэ, сэ къызэхъулӀэ Ӏуэхухэм я фӀагъ хъыбарыфӀ Ӏуэтэным и Ӏуэхум къызэрекӀар.
Зиусхьэным теухуа хъыбарыфӀыр фи деж икӀыурэ здынэсар Македоние, Ахаие хэкухэм я закъуэкъым, атӀэ ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ зэрыхъуам и хъыбарыр цӀыхухэм дэнэкӀи щащӀэ хъуащ. Аращи, а Ӏуэхум теухуауэ абы нэхърэ нэхъыбэ цӀыхухэм щӀажетӀэн щыӀэкъым,
Аращи, фызабэ ныбжьыщӀэхэр дэкӀуэжыну, быни къащӀэхъуэну, я унагъуэри зэрахьэну, я жагъуэгъу шейтӀаныр абыхэм ӀейкӀэ ятепсэлъыхьыну Ӏэмал ирамыгъэгъуэтыну сыхуейщ.
А псалъэхэр пэжщ. ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр фӀы щӀэным хэтын щхьэкӀэ, а Ӏуэхухэм уи нэӀэ ину тебгъэтыну сыхуейщ. А Ӏуэхухэр фӀыщ, я фӀагъ цӀыхухэм йокӀ.
Аращи, Хьисэ и лъыр ди гум триутхэу, дигукӀэ мыхъумыщӀэ зыри зыдэдмыщӀэжыну зэригъэкъэбзэжам щхьэкӀи, дипкъхэр псы къабзэкӀэ зэрыттхьэщӀам щхьэкӀи, ди гум щыпкъагъэрэ фӀэщхъуныгъэшхуэрэ илъу, Тхьэм пэгъунэгъу дывгъэхъу.
Тхьэм гъунэгъу зыхуэфщӀи, езыми гъунэгъу зыкъыфхуищӀынущ. Фи Ӏэхэр вгъэкъабзэ, фэ, гуэныхь зыщӀэхэм, фигухэр вгъэкъабзэ, фэ, теубыдагъэ зимыӀэу гупсысэ дыкъуакъуэ зиӀэхэм.
Фэ, лӀыхэм, нывжызоӀэ, фи фызхэм фагурыӀуэу фадэгъуэгурыкӀуэ. Ахэр фэр нэхърэ нэхъ гуащӀэмащӀэщ. ПщӀэ яхуэфщӀ, фэ фхуэдабзэу абыхэми Тхьэм и нэфӀ къащыхуэурэ ӀыхьэфӀу гъащӀэ къаретри. Апхуэдэу фщӀэмэ, Тхьэм фыщелъэӀукӀэ, зыри къыфпэувыфынукъым.