Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 2:7 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр7 Аращ Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм ялъэзгъэӀэсыну икӀи апостол сыхъуну Тхьэм сыщӀигъэувар: фӀэщхъуныгъэмрэ щыпкъагъэмрэ я хъыбарыр хамэ лъэпкъхэм ялъэзгъэӀэсыну арщ – пэжыр къыжызоӀэ, пцӀы лъэпкъ хэмылъу. Faic an caibideil |
Ауэ дэ дыжуртми, мыр дощӀэ: ЦӀыху гуэрым Торэт хабзэм итхэр зэригъэзащӀэм щхьэкӀэ Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу илъытэнукъым, атӀэ Хьисэ МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зэриӀэм щхьэкӀэщ щыпкъагъэ иӀэу щӀилъытэр. Аращи, дэри МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэ хъуащ, МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэ зэрыхъуам щхьэкӀэ Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дилъытэн папщӀэ. Торэт хабзэм итхэр дгъэзэщӀэным и Ӏуэху абы хэлъкъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, цӀыху гуэрым Торэт хабзэм итхэр зэригъэзащӀэм щхьэкӀэ Тхьэм а цӀыхум щыпкъагъэ иӀэу илъытэнукъыми.