Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 2:6 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр6 Абы и псэр цӀыху псоми щхьэщэхужу яхуитащ. Хьисэ апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ и чэзууэ Тхьэм и мурадыр игъэпэжащ. Faic an caibideil |
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь Тхьэм дыбгъэдишэн щхьэкӀэ, ди гуэныхьхэм папщӀэ гугъуехь зэ ишэчащ, абыхэм папщӀэ афӀэкӀа имышэчыжыну. Щыпкъагъэ игу илъу, щыпкъагъэ зигу имылъхэм щхьэкӀэ гугъуехь ишэчащ абы. ЦӀыхухэм щалӀым, лӀэн хуей цӀыхут ар. Тхьэм ар лӀахэм къащыхигъэтэджыкӀыжым, мылӀэжын щыт псэуэ щытт.