Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 2:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ди гум илъу, гукъабзагъэкӀэ, мамыру икӀи дигу зэгъауэ дыпсэуфын щхьэкӀэ, пащтыхьхэмрэ тепщэныгъэ зиӀэхэмрэ Тхьэм фахуелъэӀу.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 2:2
22 Iomraidhean Croise  

Израил цӀыхухэми зигукӀэ къабзэхэми сыту къахуэфӀ Тхьэр!


Тхьэуэ Зиусхьэным дежкӀэ щыпкъагъэ ягу илъу, абы и унафэхэмрэ и хабзэхэмрэ тету, щӀагъэкъуэншэн лъэпкъ ямылэжьу псэурт тӀури.


СимеонкӀэ зэджэ лӀы гуэр Ерусалим дэсащ абы щыгъуэ. Ар щыпкъагъэри Тхьэм и фӀэлӀыкӀыри зигу илъ цӀыхут. Израил и гукъеуэр Тхьэм ящхьэщихыным пэплъэрт ар. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэри и гум илът абы.


– Дэ дыкъэзыгъэкӀуар дзэ пашэу Корнелийщ, – жаӀащ а лӀыхэм. – Ар щыпкъагъэри Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр зи гум илъу, журт лъэпкъ псоми щӀыхь зыхуащӀ цӀыхущ. И лӀыкӀуэхэм езым деж уригъашэу, жыпӀэхэм едэӀуэну мелыӀыч гуэрым унафэ къыхуищӀащ абы.


Аращи, Тхьэми цӀыхухэми я дежкӀэ гукъабзагъэкӀэ, мыхъумыщӀэ лъэпкъ зыдэзмыщӀэжу, сызэрыпсэуным сыт щыгъуи сыхущӀокъу.


Ӏэмал иӀэмэ, фи Ӏэм къикӀым хуэдизкӀэ цӀыху псоми фазэрыгурыӀуэным фыхущӀэкъу.


ИкӀэм-икӀэжым, си къуэшхэ, сытыр щыпкъэми, сытым щӀыхь хуэфащэми, сытыр захуагъэми, сытыр къабзагъэми, сытыр гурыхьми, сытыр гуапагъэми, сытыр хабзэфӀми, сытым щӀыхь хуэфащэми – абы фегупсыс.


Ӏэсэу фыщыт, нэгъуэщӀ цӀыхухэм я Ӏуэхум фи Ӏуэху хэвмылъхьэу, фи ӀэхэмкӀэ фылажьэу фызэрыпсэуным фыщӀэкъу, унафэ зэрыфхуэтщӀам хуэдэу.


ЦӀыху псоми фазэрыгурыӀуэнми гукъабзагъэри зэрывиӀэнми фыхущӀэкъу; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гукъабзагъэ имыӀэмэ, зыми Зиусхьэныр илъагъунукъым.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan