11 Зыри жимыӀэу икӀи куэду ӀурыщӀэу Тхьэм и Ӏуэхухэр зригъэщӀэн хуейщ цӀыхубзым.
ЦӀыхубзми жриӀащ: – ИкъукӀэ хэзгъэхъуэнущ уи хьэзабхэр уэндэгъугъэкӀэ; узым ухэту къэплъхунущ уи сабийхэр; уи лӀым хьэщыкъ ухуэхъунурэ ар тепщэ пхуэхъунущ.
Мыр фщӀэну сыхуейщ: Дэтхэнэ лӀыми и щхьэр Мэссихьщ, дэтхэнэ фызми и щхьэр и лӀырщ, Мэссихь и щхьэри Тхьэр арщ.
Фызхэ, филӀхэм фахуэӀурыщӀэ, Зиусхьэныр зи псэм щыщ цӀыхухэм зэрахуэфащэм хуэдэу.
атӀэ фӀы щӀэнымкӀэ зрагъэщӀэращӀэ, «Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ди гум илъщ», жызыӀэ цӀыхубзхэм зэрахуэфащэм хуэдэу.
Фэ, фызхэм, нывжызоӀэ, филӀхэм фахуэӀурыщӀэ. Ар фщӀэмэ, абыхэм ящыщхэр Тхьэм и псалъэхэм емыдаӀуэми, фэ, фызхэм, зыри жывмыӀэми, фи псэукӀэр зэралъагъум щхьэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъунущ,