10 атӀэ фӀы щӀэнымкӀэ зрагъэщӀэращӀэ, «Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ди гум илъщ», жызыӀэ цӀыхубзхэм зэрахуэфащэм хуэдэу.
Иоппие къалэм ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыхубз гуэр, Тавифэ и цӀэу, дэст. (Тавифэм къикӀыр «Мэз бжэнщ».) Абы фӀы куэд ищӀэрт, псапэ илэжь зэпытт.
Петр къэтэджри, абыхэм я гъусэу кӀуащ. Иоппие къалэм щынэсым, унэм и етӀуанэ къатым драшеящ. Фызабэ псоми Петр къаувыхьри, Тавифэ я гъусэу щыщытам щыгъуэ абы щыгъыну идауэ хъуар гъуэгыурэ кърагъэлъэгъуащ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ иджы дызэрыщытым хуэдэу дызыщӀар Тхьэращ. Мэссихь ди псэм щыщыну Тхьэм дыкъигъэщӀащ, Тхьэм къытхуигъэхьэзыра ӀуэхуфӀхэр длэжьын щхьэкӀэ.
Зыри жимыӀэу икӀи куэду ӀурыщӀэу Тхьэм и Ӏуэхухэр зригъэщӀэн хуейщ цӀыхубзым.
Абы нэмыщӀу, цӀыхубзхэми укӀытэ яхэлъу, хабзэфӀым тету, екӀуу захуэпэну сыхуейщ. Щхьэц ухуэнакӀи, дыщэкӀи, налкъутналмэсхэмкӀи, щыгъын лъапӀэхэмкӀи замыгъэщӀэращӀэу,
Мэссихь и псэр дэр щхьэкӀэ итащ. И псэр щӀитар бзаджагъэ псоми дыхишыжу, ди щхьэхэр ищэхужын щхьэкӀэщ икӀи фӀы щӀэным дигурэ ди псэкӀи дыхэту, езым и лъэпкъ дыхъун папщӀэ, ди гур игъэкъэбзэжын щхьэкӀэщ.
А псалъэхэр пэжщ. ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр фӀы щӀэным хэтын щхьэкӀэ, а Ӏуэхухэм уи нэӀэ ину тебгъэтыну сыхуейщ. А Ӏуэхухэр фӀыщ, я фӀагъ цӀыхухэм йокӀ.
Тхьэр зымыщӀэхэм я пащхьэм тэрэзу фыщыпсэу. «Мы цӀыхухэр бзаджащӀэхэщ», жаӀэурэ ӀейкӀэ къыфтепсэлъыхь пэтми, фи фӀыщӀагъэхэр ялъагъунурэ, Тхьэр абыхэм къащыхэплъэну махуэм Тхьэм щӀыхьыр хуащӀынущ.
Псори апхуэдэу зэрыкӀуэдыжынум щхьэкӀэ, Тхьэм и махуэм фыпэплъэу, а махуэр нэхъ псынщӀэу къызэрысыным и ужь фиту, фигу къабзэу Тхьэм фыфӀэлӀыкӀыу фыпсэун хуейщ. А махуэр къыщыскӀэ, уафэхэр мафӀэкӀэ кӀуэдыжынущ. Дунейр къызыхэщӀыкӀахэр мафӀэ гуащӀэм игъэткӀунущ.
Фэ влэжь Ӏуэхухэр сощӀэ, фи фӀылъагъуныгъэри, фи фӀэщхъуныгъэри, дэӀэпыкъуэгъу фызэрызэхуэхъужри, теубыдагъэ фиӀэу фызэрыпсэури сощӀэ. Япэм нэхърэ иджы фӀы нэхъыбэ зэрыфщӀэри сощӀэ.