Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 2:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

1 Псом япэу сыныволъэӀу, цӀыху псоми щхьэкӀэ Тхьэм фелъэӀу, дэӀэпыкъуэгъу яхуэхъуну, фӀыгъуэ яригъэгъуэтыну фелъэӀу. Тхьэм фӀыщӀэ хуэфщӀ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 2:1
26 Iomraidhean Croise  

Сыту атӀэ уащӀэдэмыщӀэу унэхъуа ахэр – щыӀэжкъым, шынагъуэшхуэм екӀуэдылӀащ!


БлэкӀа зэманхэм, цӀыхухэм щӀэныгъэ ямыӀэу щыщытам, Тхьэр абыхэм нэ ӀейкӀэ къеплъыгъакъым, атӀэ цӀыху псоми, дэнэ щыӀэми, я гуэныхьхэм хущӀегъуэжыну унафэ къахуещӀ иджы;


Псом япэрауэ, фи фӀэщхъуныгъэм и хъыбарыр дунейм дэнэкӀи цӀыхухэм зэрыщаӀуатэм щхьэкӀэ, Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ фэ псоми папщӀэ Тхьэм фӀыщӀэ хузощӀ,


Тхьэм фӀыщӀэ худощӀ. Гуэныхь щӀэным фрипщылӀу фыщытащ, ауэ иджы фызыщагъэгъуэза фӀэщхъуныгъэ Ӏуэхухэм фигукӀэ зефтауэ фыхуэпэжщ.


Ӏуэху псоми япэу хъыбарыфӀу Хьисэ Мэссихь къысӀэщӀилъхьар къыфхуэзгъэнащ: Тхьэм и псалъэ тхахэм тету, ди гуэныхьхэр ипшыныжын щхьэкӀэ, лӀащ Мэссихь.


Аращи, Тит ахъшэ зэхуэфхьэсын Ӏуэхур иублэгъащи, мы ӀуэхуфӀыр и кӀэм нигъэсыну делъэӀуащ.


Аращи, си фӀагъ фэзгъэкӀыурэ, гугъуехь зэрысшэчым щхьэкӀэ фи гур фымыгъэныкъуэну сыныволъэӀу. Сэ сшэч а гугъуехьым фэркӀэ фӀы хэлъщ.


Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ Ӏуэху псом щхьэкӀи Тхьэуэ Адэ лъапӀэм зэпымыууэ щӀыхь хуэфщӀ.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Тхьэр къывдэӀэпыкъуну сыт щыгъуи фелъэӀу, фызыхуэныкъуэхэмкӀи Тхьэм фелъэӀу. Фысакъыу икӀи фемышу, Тхьэм и цӀыху лъапӀэ псоми зэпымыууэ фахуелъэӀу.


Зыми фремыгъэгузавэ, ауэ сыт ищӀыс Ӏуэхуми щхьэкӀэ Тхьэм фелъэӀуурэ, щӀыхь хуэфщӀурэ, фи дэӀэпыкъуэгъу хъуну фелъэӀуурэ, фызыхуэныкъуэр евгъащӀэ.


Дэ фэ фӀыуэ фызэрытлъагъум хуэдэу, Зиусхьэным нэхъыфӀыжу зэпымыууэ фызэригъэлъагъужын, цӀыху псори зэпымыууэ фӀыуэ фигъэлъагъун ирехъу.


Ди къуэшхэ, фэр щхьэкӀэ Тхьэм сыт щыгъуи фӀыщӀэ хуэтщӀын хуейщ. Ари тэмэмщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи фӀэщхъуныгъэм зэпымыууэ хохъуэ, фэ фщыщ дэтхэнэми адрейм фӀылъагъуныгъэу хуиӀэми зэпымычу хохъуэ.


ЦӀыху псори мыкӀуэду къригъэлыну икӀи щыпкъагъэр ящӀэну хуейщ ар.


Зи закъуэ дыдэу къэна фызабэр Тхьэм щогугъ, Тхьэр къыдэӀэпыкъуну жэщи махуи зэпымыууэ йолъэӀу.


Зиусхьэным хуэлажьэ цӀыхур зэщыхьэным хэт хъунукъым. АтӀэ цӀыху псоми яхуэфӀу, абыхэм щыпкъагъэр езыгъэщӀэн зылъэкӀыу, зызымыгъэгусэ цӀыхуу щытын хуейщ.


ЦӀыху псори мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэ, Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэ къигъэлъэгъуащ.


Абы нэмыщӀу, ягу къэгъэкӀыж ӀейкӀэ зыми темыпсэлъыхьын, шхыдэрейуэ щымытын, Ӏэсагъэрэ гущабагъэкӀэ адрей цӀыхухэм яхущытын зэрыхуейри.


Фызыщыгугъыу фызыпэплъэ Ӏуэхухэр вгъуэтын щхьэкӀэ, фэ фщыщ дэтхэнэри игукӀи и псэкӀи Тхьэм и Ӏуэхум и кӀэм нэсыху емышу хущӀэкъуну дыхуейщ.


Аращи, Тхьэм фигъэхъужын щхьэкӀэ, фи гуэныхьхэмкӀэ зым адрейм и пащхьэм зыщывумысыжри, зыр адрейм папщӀэ Тхьэм фелъэӀу. Щыпкъагъэ зиӀэ цӀыхум и тхьэлъэӀум лъэкӀыныгъэ иӀэщ икӀи куэд лъокӀ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan