5 Мы унафэр щӀэтщӀыр мыращ: Гу къабзэу мыхъумыщӀагъэу зыри зыдэзымыщӀэжымрэ фӀэщхъуныгъэ щыпкъэмрэ къарыкӀ фӀылъагъуныгъэр диӀэ хъун щхьэкӀэщ.
Сыгъэлъагъу, Зиусхьэн, уи гъуэгухэр, сащыгъэгъуазэ уи лъагъуэхэм.
Сэ Тхьэм и унэшхуэм къыщытӀэпӀ зейтун жыгым сыхуэдэщ. Тхьэм и лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр игъащӀэкӀэ си гугъапӀэщ сэ,
ЦӀыхуфӀым игу илъ фӀым фӀыгъуэр къыдокӀуэ, цӀыху бзаджэм игу илъ бзаджагъэм бзаджагъэ къыдокӀуэ.
Гъуэгу махуэ теуващ зигу къабзэхэр, абыхэм Тхьэр ялъагъунущи.
Абыхэмрэ дэрэ дякум Тхьэм зэхэгъэж къыдилъхьакъым, абыхэм ягури фӀэщхъуныгъэмкӀэ игъэкъэбзэжащи.
Паул и нэхэр Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщхэм ятриубыдэри, яжриӀащ: – Си къуэшхэ, нобэр къыздэсым Тхьэм и пащхьэм гукъабзагъэкӀэ ситщ, мыхъумыщӀэ лъэпкъ зыдэзмыщӀэжу.
Аращи, Тхьэми цӀыхухэми я дежкӀэ гукъабзагъэкӀэ, мыхъумыщӀэ лъэпкъ зыдэзмыщӀэжу, сызэрыпсэуным сыт щыгъуи сыхущӀокъу.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт хабзэм и гугъапӀэр Мэссихьщ икӀи Тхьэм МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэми щыпкъагъэ иӀэу елъытэ.
Фи фӀылъагъуныгъэр пэж ирехъу. Бзаджагъэм пэӀэщӀэ зыфщӀ, фӀыгъуэм и ужь фит.
Уэ шхыну пшхым щхьэкӀэ уи къуэшым и жагъуэ пщӀымэ, фӀылъагъуныгъэм тету упсэуркъым. Уэ шхыну пшхымкӀэ уи къуэшу Мэссихь зыхуэлӀар зыфӀумыгъэкӀуэд.
Мэссихь си псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, мы къыжысӀэнур пэжщ, пцӀы хэлъкъым. Ар зэрыпэжымкӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм шӀыгъуу сигури щыхьэт къысхуохъу.
ЦӀыхухэмрэ мелыӀычхэмрэ я бзэхэмкӀэ сыпсалъэрэ, фӀылъагъуныгъэ сигу имылъмэ, жьгъыру макъ зыпыӀукӀ гъуаплъэм е макъ гуемыӀу зыгъэӀукӀ уэзджынэм сыхуэдэщ.
Мыращ дызэрыпагэр: Хьилагъэ лъэпкъ ди гум имылъу, Тхьэм и гум ирихь мурад къабзагъэ диӀэу мы дунейм, псоми япэу фи деж, дызэрыщыпсэуамкӀэ ди гур щыхьэт мэхъу. Тхьэм и нэфӀ къызэрытщыхуам папщӀэ апхуэдэу дыпсэуащ, ахъумэ мы дунейм тет цӀыхухэм я акъылыфӀагъэу жыхуаӀэм и хьэтыркӀэкъым.
Ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀ фӀыхэр мыращ: ФӀылъагъуныгъэр, гуфӀэгъуэр, гузэгъэгъуэр, шыӀэныгъэр, фӀыгъуэр, гущӀэгъуныгъэр, фӀэщхъуныгъэр,
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь Хьисэ ди псэм щыщмэ, сунэт дащӀауэ щытми щымытми, аракъым Ӏуэхур зытетыр. Ӏуэхур зытетыр ди фӀэщхъуныгъэм фӀылъагъуныгъэ къызэрыхэкӀыр арщ.
Си къуэ Тимофей, Тхьэм езым и псалъэу уэ къыптеухуауэ цӀыху гуэрхэм я гум кърилъхьэу къажригъэӀахэм тету мы унафэр ныпхузощӀ. А псалъэхэм тету зауэлӀыр фӀыуэ зэрызауэм хуэдэу,
фӀэщхъуныгъэ уиӀэу, уигукӀэ мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ зыдумыщӀэжу, гурэ псэкӀэ уи Ӏуэхур лэжь. ЦӀыху гуэрхэм я гумкӀэ мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ зыдамыщӀэжыныр зэрамыдам щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгу текӀыжащ.
Я гумкӀэ мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ зыдамыщӀэжу, фӀэщхъуныгъэм и щэхур яӀыгъын хуейщ.
Си адэжьхэм хуэдэу, сигукӀэ мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ зыдэзмыщӀэжу, сызыхуэлажьэ Тхьэм фӀыщӀэ хузощӀ. Тхьэм селъэӀуу, жэщи махуи зэпымыууэ уи гугъу сщӀыуэ, Тхьэм фӀыщӀэ хузощӀ.
Уи фӀэщхъуныгъэ щыпкъэр си гум къокӀыж. Апхуэдэ фӀэщхъуныгъэр уи анэшхуэу Лоидэрэ уи анэ Евникэрэ я гум илъу щытащ нэхъапэм; иджы ар уи гум зэрилъым сыщогугъ.
Ауэ щӀалагъэм и хъуэпсэныгъэ Ӏейхэм пэӀэщӀэ зыщӀ. Зиусхьэным гукъабзагъэкӀэ елъэӀухэм урагъусэу, щыпкъагъэм, фӀэщхъуныгъэм, фӀылъагъуныгъэм, гузэгъэгъуэм я ужь ит.
Зигу къабзэ цӀыхухэм я дежкӀэ псори къабзэ мэхъу, ауэ зигу мыкъабзэ цӀыхухэм я дежкӀи, ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм я дежкӀи къабзэ зыри щыӀэкъым. Я акъылри ныкъуэщ. Ягухэми ери фӀыри зэхагъэкӀыфыркъым.
Аращи, Хьисэ и лъыр ди гум триутхэу, дигукӀэ мыхъумыщӀэ зыри зыдэдмыщӀэжыну зэригъэкъэбзэжам щхьэкӀи, дипкъхэр псы къабзэкӀэ зэрыттхьэщӀам щхьэкӀи, ди гум щыпкъагъэрэ фӀэщхъуныгъэшхуэрэ илъу, Тхьэм пэгъунэгъу дывгъэхъу.
Тхьэм фытхуелъэӀу. МыхъумыщӀэ дигу илъу зыдэтщӀэжыркъым, Ӏуэху псомкӀи щыпкъагъэ дигу илъу, дыпсэуну дыхуейщи.
Абы нэхърэ нэхъыбэу лӀэныгъэр къызыхэкӀ Ӏуэхухэм дапыкӀыжыну, гъащӀэрэ щыпкъагъэрэ зиӀэ Тхьэм дыхуэлэжьэну, Мэссихь и лъым дигухэр егъэкъэбзэж. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу сыт щыгъуи щыӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Мэссихь къурмэныпхъэ нэсу езы Тхьэм зритащ.
Тхьэм гъунэгъу зыхуэфщӀи, езыми гъунэгъу зыкъыфхуищӀынущ. Фи Ӏэхэр вгъэкъабзэ, фэ, гуэныхь зыщӀэхэм, фигухэр вгъэкъабзэ, фэ, теубыдагъэ зимыӀэу гупсысэ дыкъуакъуэ зиӀэхэм.
Щыпкъагъэм фызэредэӀуам щхьэкӀэ фи гур къабзэ хъуащ. Фи къуэшхэр, пцӀы хэмылъу, фӀыуэ фолъагъу. Гу къабзагъэкӀэ фӀыуэ фызэрылъагъу зэпыт,
МыхъумыщӀэ лъэпкъ зыдэвмыщӀэжу фигухэр къабзэу щывгъэт, Мэссихь зи гум илъхэм яхуэфащэу фи псэукӀэ тэрэзым къыщӀэнакӀэхэр жаӀахэмкӀэ укӀытэжын щхьэкӀэ.
Апхуэдэу, Хьисэ Мэссихь лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжам щхьэкӀэ, зевгъэумэхъыурэ фымыкӀуэду Тхьэм иджы фыкърегъэл. Зевгъэумэхъын жыхуэсӀэр фипкъхэм фӀеигъэр ятевгъэкъэбзыкӀыныр аракъым, атӀэ мыхъумыщӀэ лъэпкъ фигукӀэ зыдэвмыщӀэжу Тхьэм фыхуэпэжыну псалъэ ефтыныр аращ.
Псом япэрауэ фи фӀэщу фӀыуэ фызэрылъагъу, фӀылъагъуныгъэм гуэныхь куэд егъэгъури.
Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зэкъуэшыныгъэкӀэ вгъэбагъуэ; зэкъуэшыныгъэр фӀылъагъуныгъэкӀэ вгъэбагъуэ.
Тхьэм и бынхэри шейтӀаным и бынхэри зэрызэхэпщӀыхукӀынур мыращ: Щыпкъагъэр зылэжь дэтхэнэри Тхьэм и бынхэм ящыщкъым, апхуэдэ дыдэу, зи къуэшыр фӀыуэ зымылъагъур Тхьэм и бынхэм ящыщкъым.
Мыращ и унафэр: и Къуэу Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэнырщ икӀи Мэссихь унафэ къызэрытхуищӀам хуэдэу, фӀыуэ дызэрылъагъунырщ.
Мэссихь щыгугъыу, апхуэдэу зэрыхъунури хьэкъыу пхыкӀауэ пэплъэ дэтхэнэми и гур егъэкъабзэ, Мэссихь и гур къабзэу зэрыщытым хуэдэу.