Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 1:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр3-4 Сэ Македоние хэкум сыщыкӀуам, уэ сынызэролъэӀуам хуэдэу, цӀыхухэм Ӏуэху пхэнжхэр ирамыгъэщӀэну, шыпсэхэми, гъунэ зимыӀэ унагъуэ лъэпкъ зэтепщӀыкӀхэми япымылъыну цӀыху гуэрхэм унафэ яхуэпщӀын щхьэкӀэ, Ефес къалэм къыдэнэ. Апхуэдэ Ӏуэхухэм узыхуашэр зэныкъуэкъуныгъэщ. Тхьэм и мурадым техуэркъым а Ӏуэхухэр. Тхьэм и мурадыр зэщӀа зэрыхъунур фӀэщхъуныгъэм и гъугукӀэщ. Faic an caibideil |
Зыгуэр фи деж къакӀуэу, Хьисэ теухуауэ хъыбару дэ фэдгъэщӀам нэмыщӀ, нэгъуэщӀ хъыбар фигъащӀэмэ, фи гуапэу ар фигу тывогъахуэ. Е Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу фи гум илъ дгъэхъуам нэмыщӀ псэ гуэр фи гум илъ игъэхъумэ, ари фи гуапэу фигу тывогъахуэ. Е фи фӀэщ хъуа хъыбарыфӀым фӀэкӀа, нэгъуэщӀ хъыбарыфӀу жыхуиӀэр зыгуэрым фигъащӀэмэ, ари фи гуапэу фигу тывогъахуэ.