Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 1:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 Уэ, Тимофей, фӀэщхъуныгъэ узэриӀэм щхьэкӀэ, си къуэ пэжым хуэдэ хъуам, мы тхылъыр ныпхузотх. Тхьэуэ Адэ лъапӀэмрэ Мэссихь Хьисэу ди Зиусхьэнымрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэ, гущӀэгъуныгъэ, гузэгъэгъуэ къыплърес.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 1:2
18 Iomraidhean Croise  

Фэ, Рим къалэм дэсу, Тхьэм фӀыуэ илъагъуу, и цӀыху лъапӀэхэм ящыщ хъуну къыхуриджахэм, мы тхылъыр ныфхузотх. Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес.


Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес.


Тимофей фи деж нэдгъэкӀуащ. Ар ди къуэшщ, Тхьэм хуолажьэ, Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэтӀуэтэн ӀуэхумкӀэ къыддоӀэпыкъу. Ар фи деж ныщӀэдгъэкӀуар мы гузэвэгъуэхэм фэ фщыщ зыри гъуэгу захуэм трамыгъэкӀын щхьэкӀэ фигухэр игъэбыдэн икӀи фи фӀэщхъуныгъэм фытетыну фигъэгушхуэн щхьэкӀэщ. Апхуэдэ гузэвэгъуэхэм даӀууэн хуейуэ зэрыщытыр фэ фощӀэ.


Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьу си Ӏуэхур злэжыну лъэкӀыныгъэ къызэзытам фӀыщӀэ хузощӀ. Абы дзыхь къысхуищӀу, мы Ӏуэхур си пщэм къызэрыдилъхьам щхьэкӀэ фӀыщӀэ хузощӀ.


Си къуэ Тимофей, Тхьэм езым и псалъэу уэ къыптеухуауэ цӀыху гуэрхэм я гум кърилъхьэу къажригъэӀахэм тету мы унафэр ныпхузощӀ. А псалъэхэм тету зауэлӀыр фӀыуэ зэрызауэм хуэдэу,


Уэ, Тимофей, Тхьэм уи пщэм къыдилъхьа Ӏуэхум хуэсакъ. Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зыхэмылъ псалъэ мышыухэмрэ щӀэныгъэ нэпцӀ зыхэлъ пэпсэлъэнымрэ пэӀэщӀэ зыщӀ.


Уэ, фӀыуэ слъагъу си къуэ Тимофейм, мы тхылъыр ныпхузотх. Тхьэуэ Адэ лъапӀэмрэ ди Зиусхьэн Мэссихь Хьисэрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэ, гущӀэгъуныгъэ, гузэгъэгъуэ къыплърес.


Аращи, си къуэ, ди псэм щыщ Мэссихь Хьисэ и нэфӀ къызэрыпщыхуэмкӀэ уи гур гъэбыдэ.


Уэ, Тит, мы тхылъыр ныпхузотх. Зы фӀэщхъуныгъэ зэрыдиӀэм щхьэкӀэ си къуэ пэжым хуэдэ ухъуащ. Тхьэуэ Адэ лъапӀэмрэ дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыплърес.


ЛӀы нэхъыжьхэр ущий зашыӀэну, щӀыхь яхэлъу псэуну, гулъытэ яӀэну икӀи фӀагъ къызыпыкӀ фӀэщхъуныгъэр, фӀылъагъуныгъэр, теубыдагъэр зыхалъхьэну.


Си гъусэ псоми фӀэхъус къуахыж. ФӀэщхъуныгъэ зиӀэу фӀыуэ дызылъагъухэм фӀэхъус схуехыж. Тхьэм и нэфӀ фэ псоми къыфщрехуэ. Ӏэмин.


Тхьэуэ Адэ лъапӀэм ипэкӀэ зэриухам тету, езым и бынхэм ящыщ фыхъуну фыкъыхихащ икӀи езым и Псэ ЛъапӀэм фи гур игъэкъабзэ зэпытщ, Хьисэ Мэссихь федэӀуэн, абы лъыуэ жорым щыщӀэкӀамкӀэ къабзэ фыхъун щхьэкӀэ. Тхьэм и нэфӀ куэду къыфщыхуэ, гузэгъэгъуэ ину къыфлърес.


Тхьэуэ Адэ лъапӀэмрэ Адэ лъапӀэм и Къуэу Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэ, гущӀэгъуныгъэшхуэ, гузэгъэгъуэ дэ, щыпкъагъэр зыщӀэхэм икӀи фӀыуэ зэрылъагъухэм, къытлърес.


Си бынхэр щыпкъагъэм тету зэрыпсэур щызэхэсхкӀэ, абы нэхърэ нэхъ гуфӀэгъуэшхуэ сиӀэкъым.


Тхьэм къыбгъэдэкӀыу гущӀэгъушхуэ, гузэгъэгъуэшхуэ, фӀылъагъуныгъэшхуэ къыфлърес.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan