Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 1:19 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

19 фӀэщхъуныгъэ уиӀэу, уигукӀэ мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ зыдумыщӀэжу, гурэ псэкӀэ уи Ӏуэхур лэжь. ЦӀыху гуэрхэм я гумкӀэ мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ зыдамыщӀэжыныр зэрамыдам щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгу текӀыжащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 1:19
25 Iomraidhean Croise  

Гузавэ пэтми, хэт фэ фщыщу зы сыхьэт закъуэ и гъащӀэм пызыщэн зылъэкӀынур?


Гуп-гупурэ фызэхэкӀын хуейщ, фэ фщыщу щыпкъагъэр зигу илъхэр нахуэ хъун щхьэкӀэ.


Фэ Торэт хабзэм итхэр вгъэзащӀэмэ, Тхьэм щыпкъагъэ фиӀэу филъытэн фи гугъэжурэ, Мэссихь фыбгъэдэкӀащ. Тхьэм и нэфӀи къыфлъэӀэсыжыркъым.


Мы унафэр щӀэтщӀыр мыращ: Гу къабзэу мыхъумыщӀагъэу зыри зыдэзымыщӀэжымрэ фӀэщхъуныгъэ щыпкъэмрэ къарыкӀ фӀылъагъуныгъэр диӀэ хъун щхьэкӀэщ.


Я гумкӀэ мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ зыдамыщӀэжу, фӀэщхъуныгъэм и щэхур яӀыгъын хуейщ.


ФӀэщхъуныгъэм фӀыуэ хущӀэкъу. МыкӀуэдыжын гъащӀэ зэгъэгъуэт; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ щыхьэт куэдым я пащхьэм фӀэщхъуныгъэ узэриӀэм фӀыуэ щыхьэт ущыщытехъуэм, а мыкӀуэдыжын гъащӀэр бгъуэтыну Тхьэм укъыхуриджащ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, «щӀэныгъэ диӀэщ», зыхужаӀэжурэ цӀыху гуэрхэр фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум текӀащ. Тхьэм и нэфӀ къыпщрехуэ. Ӏэмин.


Ауэ бей хъуну хуейхэр гуэныхь щӀэным дезыгъэхьэх Ӏуэхум хохуэри, шейтӀаным Ӏэрохуэ. ПщӀэ зимыӀэ, зи ягъэ къэкӀуэ хъуэпсэныгъэу, цӀыхухэр зыгъэунэхъуу, кӀуэдыпӀэм хуэзышэхэм яубыд ахэр.


А тӀур щыпкъагъэм и гъуэгум текӀауэ, дэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр, лӀахэм дакъыхэтэджыкӀыжауэ зэрыжаӀэмкӀэ цӀыху гуэрхэм я фӀэщхъуныгъэр ягъэкӀуэд.


Щыпкъагъэр зэхахыну ямыдэу, гъуэщауэ, шыпсэ гъэщӀэгъуэнхэм едэӀуэнущ.


Ӏуэху пэжу фэдгъэщӀахэм быдэу тетын хуейщ. Апхуэдэмэ, ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ, дызыщыгугъ хъуну ӀуэхухэмкӀэ цӀыхухэр игъэгушхуэн лъэкӀынущ абы, а Ӏуэхухэм пэув цӀыхухэми зэрымызахуэр ягуригъэӀуэн лъэкӀынущ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ нэхъапэм дызыщыгугъа Ӏуэхухэм и кӀэм нэсыху дыхуэпэжмэ, дэ псори Мэссихь и гъусэхэм ящыщ дохъу.


А цӀыхухэр дэ къытхэкӀащ, ауэ дэ тщыщакъым. Дэ тщыщу щытамэ, ахэр ди деж къэнэнут. Ауэ дэ тхэкӀащ, абыхэм ящыщ зыри дэ зэрытщымыщыр нахуэ хъуащ а щӀыкӀэмкӀэ.


«Теубыдагъэ зивгъэӀэ», жыхуэсӀа унафэр зэрывгъэзэщӀам щхьэкӀэ дунейм тет псоми ялъагъуну гузэвэгъуэ сыхьэтым фыщысхъумэнущ. А гузэвэгъуэ сыхьэтыр, дунейм тет цӀыхухэм я щыпкъагъэр игъэунэхун щхьэкӀэ, къэсынущ.


Аращи, Ӏуэхуу зэвгъэщӀари зэхэфхари фи гум къэвгъэкӀыж. Ахэр вгъэзащӀи, фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэж. Фыжейурэ фымысакъмэ, дыгъуакӀуэр цӀыхухэм ямыщӀэххэу къызэрыкӀуэм хуэдэу сынэкӀуэнущ. Фи деж сыныщыкӀуэну сыхьэтри фщӀэнукъым.


Фэ влэжь Ӏуэхухэр сощӀэ. Мис, зыми имыгъэбыдэжыфыну бжэр фи пащхьэм щызэӀусхащ. ЛъэкӀыныгъэшхуэ фиӀэкъым, ауэ си псалъэхэр вгъэзэщӀащ, си гъуэгу фызэрырикӀуэри цӀыхухэм я пащхьэм щывущэхуакъым.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan