Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 1:14 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

14 Ауэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и нэфӀ ину къысщыхуащ икӀи Мэссихь Хьисэ си псэм щыщ зэрыхъуам щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэрэ фӀылъагъуныгъэрэ си гум илъ хъуащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 1:14
25 Iomraidhean Croise  

– Сыхьэтыр тхум Ӏуэхур зыублахэр къыщыкӀуэм, лэжьакӀуэхэм я унафэщӀым абыхэм динар зырыз яритащ.


Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьым и нэфӀ щыхуэныгъэм и фыгъэкӀэ Тхьэм дымыкӀуэду дыкъызэрыригъэлыр ди фӀэщ мэхъу, абы и нэфӀ щыхуэныгъэм и гъуэгукӀэ хамэ лъэпкъ щыщхэри мыкӀуэду къызэрыригъэлым хуэдэу.


Гузэгъэгъуэ къыдэзыт Тхьэм куэд дэмыкӀыу шейтӀаныр фи лъэгум щӀывигъэпытӀыхьынущ. Ди Зиусхьэну Хьисэ и нэфӀыр къыфщрехуэ. Ӏэмин.


Ауэ Тхьэм и нэфӀ къызэрысщыхуам къыхэкӀкӀэ иджы сызэрыщытым хуэдэ сыхъуащ. И нэфӀ къызэрысщыхуар пщӀэншэ хъуакъым. Адрей псоми нэхърэ нэхъ куэдрэ сылэжьащ, ауэ сэракъым лэжьар, Тхьэм и нэфӀ къысщыхуэри сигъэлэжьащ.


Тхьэм и нэфӀ къызэрысщыхуам тету, акъылыфӀагъэ зиӀэ ухуакӀуэм хуэдэу, а унэм лъабжьэ хуэзгъэуващ. НэгъуэщӀ гуэрым а лъабжьэм унэ трещӀыхь. Ауэ дэтхэнэ зыри а лъабжьэм унэ зэрытрищӀыхь щӀыкӀэм фӀыуэ иреплъ.


Мы псори къыщӀэхъуар фи фӀагъ къыхэкӀын щхьэкӀэщ. Апхуэдэу цӀыху нэхъыбэм Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэр къалъэӀэсыху, цӀыху нэхъыбэм абы фӀыщӀэ хуащӀынущ, и щӀыхьышхуэр нэхъ къагъэлъагъуэурэ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и нэфӀ къызэрытщыхуар фощӀэ. Ар хуэкъулейуэ щыта пэтми, дэр щхьэкӀэ тхьэмыщкӀэ хъуащ, и тхьэмыщкӀагъэмкӀэ фэ бей фыхъун щхьэкӀэ.


Журт диным сыхэту згъэкӀуа гъащӀэр зыхуэдэм и хъыбарыр зэхэфхащ. Тхьэм и члисэ зэхуэсхэм щыщхэм гугъуехьышхуэ езгъэшэчу, згъэкӀуэдыну и ужь ситащ.


Ди Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэм и пащхьэм фи фӀэщхъуныгъэм ӀуэхуфӀхэр зэрывигъэщӀам и гугъу зэпымычу щыдощӀ. Фэ фи фӀылъагъуныгъэм куэд зэрывигъэлэжьами, ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь фыщыгугъыурэ, фызэрыпэплъэм щхьэкӀэ теубыдагъэ фиӀэ зэрыхъуами я гугъу Тхьэм и пащхьэм сыт щыгъуи щыдощӀ.


Ауэ дэ махуэм и быну дыщытщи, зышыӀэныгъэ зидвгъэгъэӀэ. ФӀэщхъуныгъэмрэ фӀылъагъуныгъэмрэ афэ джанэм хуэдэу зыщыфтӀагъэ, икӀи Тхьэм дымыкӀуэду дыкъызэрыригъэлыным дыщыгугъыурэ дызэрыпэплъэр тажым хуэдэу дывгъэӀэт.


Ауэ фӀэщхъуныгъэ, фӀылъагъуныгъэ, къабзагъэ и гум зэпымыууэ илъу, хабзэфӀым тету щытмэ, сабий къызэрыхуэхъумкӀэ мыкӀуэду къелынущ цӀыхубзыр.


Уи ныбжьыщӀагъэм щхьэкӀэ, зыми нэмыплъ зрумыгъэт, ауэ псалъэхэмкӀэ, псэукӀэмкӀэ, фӀылъагъуныгъэмкӀэ, фӀэщхъуныгъэмкӀэ, гукъабзагъэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм щапхъэ яхуэхъу.


Ауэ уэ, Тхьэм и цӀыху, а Ӏуэхухэм пэӀэщӀэ зыщӀ. Щыпкъагъэр, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ, фӀэщхъуныгъэр, фӀылъагъуныгъэр, теубыдагъэр, гущабагъэр уи гум зэрилъыным хущӀэкъу.


Мэссихь Хьисэ уи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэмрэ фӀылъагъуныгъэмрэ уиӀэу, сэ къыжысӀэу зэхэпха, узыщыгугъ хъуну псалъэхэр иригъуазэ абыхэм уатемыкӀ.


Ауэ щӀалагъэм и хъуэпсэныгъэ Ӏейхэм пэӀэщӀэ зыщӀ. Зиусхьэным гукъабзагъэкӀэ елъэӀухэм урагъусэу, щыпкъагъэм, фӀэщхъуныгъэм, фӀылъагъуныгъэм, гузэгъэгъуэм я ужь ит.


ЛӀы нэхъыжьхэр ущий зашыӀэну, щӀыхь яхэлъу псэуну, гулъытэ яӀэну икӀи фӀагъ къызыпыкӀ фӀэщхъуныгъэр, фӀылъагъуныгъэр, теубыдагъэр зыхалъхьэну.


Тхьэуэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Адэ лъапӀэм щӀыхьышхуэр ейщ! Хьисэ лӀахэм къазэрыхигъэтэджыкӀыжамкӀэ, Тхьэм гущӀэгъушхуэ къытхуищӀу щӀэрыщӀэу дыкъалъхужа дищӀащ. Апхуэдэу мыкӀуэдыжын гугъапӀэ диӀэ хъуащ,


ФӀылъагъуныгъэ жыхуэсӀэр Тхьэм дэ худиӀэ фӀылъагъуныгъэр аракъым, атӀэ Тхьэм фӀыуэ дэ дилъагъуу, ди гуэныхьхэр тхуэзыпшыныжын къурмэныпхъэ хъуну езым и Къуэр къызэригъэкӀуар арщ.


Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и нэфӀ фэ псоми къыфщрехуэ. Ӏэмин.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan