Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 1:13 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

13 Сэ ар згъэпцӀу, абы и цӀыхухэм гугъуехь езгъэшэчу икӀи абы сыхущӀэджэу щыта пэтми, гущӀэгъу къысхуищӀащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фӀэщхъуныгъэ симыӀэу, злэжьу щыта Ӏуэхухэр зыхуэдэр къызгурымыӀуэу сыпсэуэ щытати.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 1:13
25 Iomraidhean Croise  

– И тепщэр зыхуейр ищӀэу щыта пэтми, зызымыгъэхьэзыра е тепщэр зыхуейр зымыгъэзэщӀа унэӀутым удын куэд къытехуэнущ.


– Си Адэ, къахуэгъэгъу абыхэм, – жиӀащ Хьисэ, – ялэжьыр зи щӀысыр къагурыӀуэркъым. Пхъэидзэ ящӀурэ, Хьисэ и щыгъынхэр зауэлӀхэм зэхуагуэшыжащ.


Зиусхьэным и гъуэгу ирикӀуэхэр лӀэхукӀэ исхуэкӀащ. ЦӀыхухъухэми цӀыхубзхэми Ӏэхъулъэхъу ирезгъалъхьэри, лъэхъуэщым щӀезгъэдзащ.


– Абы нэмыщӀу, си къуэшхэ, фэри фи тхьэмадэхэми Хьисэ ефщӀар фи гунэфыгъэкӀэ зэрыфщӀар сощӀэ сэ.


Щаул члисэ зэхуэсым щыщхэр игъэкӀуэдыну хэтт. Зы унэм щӀэкӀмэ, адрей унэм щӀыхьэурэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыхухъухэри цӀыхубзхэри езым и цӀыхухэм лъэщыгъэкӀэ иригъэубыдурэ лъэхъуэщым щӀригъадзэрт.


Щаул ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр хуабжьу игъэбийуэ, «Хьисэ и гъуэгум фытемыкӀмэ, фыдукӀынущ» яжриӀэ зэпытт. Дин пашэшхуэм деж кӀуэри елъэӀуащ:


– Зиусхьэн, – жиӀащ Ананий, – мы лӀым уэ уи цӀыху лъапӀэу Ерусалим дэсхэм ярищӀа хьэкӀэкхъуэкӀагъэр зыхуэдизыр куэдым къызжаӀащ.


– Уэ ухэт, Зиусхьэн? – жиӀащ Щаул. – Хьисэ гугъу ебгъэхьыр сэращ, – жиӀаш абы, – выр зейм и баш кӀыхь папцӀэм выр къызэрелъэкъуауэм хуэдэу пщӀымэ, уи щхьэм лей ибохыж.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ апостолхэм ящыщу нэхъ цӀыкӀур сэращ, апостол къызжаӀэнуи схуэфащэкъым: Тхьэм и члисэ зэхуэсым щыщхэр исхуэкӀыу щытащ.


Хъыджэбзхэм ятеухуауэ Зиусхьэным ищӀа унафэ сиӀэкъым. Ауэ Зиусхьэным и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ узыщыгугъ хъун цӀыхуу сызэрыщытым къыхэкӀкӀэ мы Ӏуэхугъуэм сызэреплъыр нывжызоӀэ.


Журт диным сыхэту згъэкӀуа гъащӀэр зыхуэдэм и хъыбарыр зэхэфхащ. Тхьэм и члисэ зэхуэсхэм щыщхэм гугъуехьышхуэ езгъэшэчу, згъэкӀуэдыну и ужь ситащ.


Тхьэ гъэлъэпӀэным си фӀэщу сыхэту, члисэ зэхуэсым щыщхэм гугъуехь езгъэшэчащ. Торэт хабзэм итхэр бгъэзащӀэурэ, абы и гъуэгукӀэ щыпкъагъэ уиӀэ хъуну щытмэ, зыми сызэригъэкъуэншэн лъэпкъ збгъэдэлъакъым.


Ауэ Хьисэ Мэссихь псоми япэ сэ гущӀэгъу къыщӀысхуищӀар ар къызэрысхущытымкӀэ и шыӀэныгъэшхуэр здынэсыр къигъэлъэгъуэн икӀи езымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъун цӀыхуу, мыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм щапхъэ сахуэхъун щхьэкӀэщ.


Аращи, дэӀэпыкъуэгъу дыхуэныкъуэ щыхъукӀэ, Тхьэм гущӀэгъу къытхуищӀын икӀи и нэфӀ къытщыхуэн щхьэкӀэ Зи гущӀэгъур иным и тахътэм дыгушхуауэ девгъэкӀуалӀэ.


Пасэм фэ Тхьэм и лъэпкъыу фыщытакъым, иджы абы фрилъэпкъщ. Пасэм Тхьэм гущӀэгъу къыфхуищӀыртэкъым, иджы гущӀэгъу къыфхуещӀ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan